Футбол цIыкIумкIи ятокIуэ«CUP ATLETIK» фIэщыгъэр зэрихьэу щIыналъэхэм футбол цIыкIумкIэ я зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Минвод къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и сабий спорт еджапIэхэм, футбол клубхэм я командибл, езы джэгуахэр я ныбжькIэ илъэси 8 - 9 хъухэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу абы я зэфIэкI къыщагъэлъэгъуащ Iэпщэ Александр и цIэр зэрихьэу Налшык къалэм дэт футболымкIэ спорт еджапIэм и гъэсэнхэм икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, япэ увыпIэр зэпеуэм къыщахьащ. Абы нэмыщI, зэхьэзэхуэм и футболист нэхъыфIу къалъытащ ди щIалэ Токъуий Байсангур.
Сабийхэр зыгъэхьэзырар Дарчиев Аланщ.
Поделиться:
Читать также:
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
15.05.2024 - 16:00 →
Ди шууейхэр къыхожаныкI
15.05.2024 - 15:11 →
Европэм и дыжьын медалыр
14.05.2024 - 11:44 →
КъаIэтащ цIыхухэм я гукъыдэжыр
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
|