Футболым кIэлъыплъхэр зэрыщыгъуазэщи, Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-р Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм щыджэгуну апхуэдэ щIыхь зригъэгъуэтащ иджыблагъэ. Ар наIуэ къыщыхъуар Тольятти къалэм и «Акрон»-м Тулэ къалэм щыIэу и иужьрей зэIущIэр абы и «Арсенал»-м иригъэхьа нэужьщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-р къызэрагъэпэщауэ щытащ 1927 гъэм икIи премьер-лигэм хыхьэн щыхузэфIэкIар иджыщ, илъэс 97-рэ дэкIа нэужьщ. ХэзыщIыкIхэм къыбжаIэфынущ апхуэдэ гуфIэгъуэ ди гъунэгъу республикэм исхэм нэхъыбэу къыхуэзыхьар Гаджиев Гаджиуэ зэрыщытыр.
Тренер Iэзэм къехъулIащ илъэситI пIалъэм къриубыдэу «Динамо»-р зыхэта етIуанэ лигэм къыхишу, премьер-лигэм нигъэсын. Гаджиевым хузэфIэкIащ цIыхухэм я хъуэпсапIэр къайхъулIэн папщIэ, гупым къепхауэ лэжьа псори зэакъылэгъу ищIын - командэм и унафэщIхэм я деж къыщыщIэдзауэ футболистхэм я деж щиухыжу.
Нобэ Мэхъэчкъалэ и командэм дытепсэлъыхьыну яужь дыщIихьам и щхьэусыгъуэр абы и ехъулIэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ топджэгухэми, тренер нэхъыщхьэ Биджиев Хьэсэнбии ягъусэу, я гуащIэрэ зэфIэкIрэ зэрыхэлъырщ. ЯпэщIыкIэ, 2021гъэм, абы ирагъэблэгъат Къагъырмэс Сослъэн. Абы щыгъуэ командэр щIэуэ къызэрагъэпэщыжу арат. ИужькIэ, 2022 гъэм, Дагъыстэным яшащ Шумахуэ Идаррэ, Сындыку Темыркъанрэ.
Уеблэмэ ди адыгэ щIалэхэр абы щIрагъэблэгъауэ щытар а къалэн зыхуагъэувыжар - премьер-лигэм кIуэныр - ягъэзэщIэн папщIэ зэдагъэIэпыкъунырт. ИкIи ахэр щыуакъым: Къагъырмэсри, Шумахуэри, Сындыкури зэман кIэщIым къриубыдэу лъэ быдэкIэ гу-пым яхэуващ, зэрытопджэгу нэсхэр, гъуащхьэхъумэ къалэнхэр Iэзэу зэрагъэзэщIэфыр къагъэлъэгъуащ. Абы и щыхьэтщ мы гъэм «Динамо»-м чемпионатым щригъэкIуэкIа зэIущIэхэм топ бжыгъэу псом нэхърэ нэхъ мащIэ дыдэу и гъуэм зэрыдигъэкIар - 17 къудейщ. Абы къыкIэлъыкIуэ Тулэ къалэм и «Арсенал»-м 24-рэ иIэщ.
Мыдрейуэ, Къагъырмэс Сослъэн 33-рэ топджэгу губгъуэм мы гъэм къихьащ, сыт щыгъуи япэ дакъикъэхэм щыщIэдзауэ икIи Урысейм и Премьер-лигэм «Динамо»-р зыша топыр «Родина»-м и гъуэм яхудэзыгъэкIар аращ, накъыгъэм и 18-м я деж щыджэгуу.
Шумахуэ Идар 30-рэ топджэгу губгъуэм къихьащ, абы щыщу 29-м япэ дакъикъэм къыщыщIэдзауэ, Сындыку Темыркъан - 25-рэ. Мыбдежми гурыIуэгъуэщ, гъуащхьэхъумэныкъуищым языхэзыр зы тIэкIукIэ къызэрыкIэрыхунур, зэныкъуэкъур командэм щыкуэдкIэ. Ауэ, дауэ хъуми, джэгугъуэ гуэрхэр щIалэхэм дагъэхуауэ щытми, ар къызэхэкIар е я узыншагъэр пэмы-лъэщу е нэгъуэщI зыгуэрщ, ауэ мыджэгуф щхьэусыгъуэкIэ тренерхэм дагъуэ къыхуащIауэ аракъым.
Абы нэмыщI, хъыбар зэрыщыIэмкIэ, командэм хэт топджэгухэм уасэ яIэмкIэ Къагъырмэсымрэ Шумахуэмрэ япитхум яхохьэ.
Дигу къеуэу и гугъу тщIауэ щытами, аргуру къытедгъэзэжынщи, Урысейм футбо-лымкIэ и етIуанэ лигэм щы-джэгу командэхэм гъэ джэгугъуэщIэм зыхуагъэхьэзыру, ди «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэр щхьэщачри, Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-м яшащ. Ари абыхэм зыхуагъэувыжа къалэнхэм нэсын папщIэ ящIа мурадым щыщ Iыхьэт, дауи. А Iуэхум лъэныкъуэ IэджэкIи укъыщеплъ хъунущ, ерагъ-псэрагъыу зи щхьэр къезыхьэкI ди командэр къэбгъанэу, а лъэхъэнэм япэ лигэм бжьыпэр щызыIыгъа «Динамо»-м и унафэщIу укIуэныр лIыгъэшхуэ гуэру къэплъытэ хъунут, е…
Биджиев Хьэсэнбий къалэн къыщащIащ Бердыев Курбан, зыхэдмыщIыкI Iуэхугъуэхэм къыхэкIыу, зеиншэу къигъэна командэр Урысейм и премьер-лигэм ишэну. Апхуэдэ дзыхь ди лъахэгъум къыщIрагъэзам мыбдежми и фIыгъэ хэлъщ Гаджиевым - Хьэсэнбийрэ абырэ «Анжи»-м щызэдэлэжьат, щIалэм и зэфIэкIыр здынэсыр ищIэрти, нэгъуэщI тренер къамылъыхъуэу, ар ирагъэблэгъащ.
Биджиевыр командэм и тренер нэхъыщхьэу зэрагъэуврэ джэгугъуэ 13 екIуэкIати, абы щыщу 7-м щытекIуащ. Иджы, япэ лигэм и дыщэ медалыр «Динамо»-м къихьын папщIэ Iуэхугъуэ гуэрхэр зэтехуэн хуейщ. Япэрауэ, Владикавказ щыIэу «Алания»-м текIуэмэ, етIуанэу - «Химки»-р и унэ щыджэгуу «Черноморец»-р къытекIуэу е зэрытемыгъакIуэу щытмэ, дагъыстэнхэм я Iуэхур къикIащ. Ауэ, дауэ хъуми, Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-р РПЛ-м зэрыкIуар шэч къызытумыхьэжынщ.
Аращи, дяпэкIэ нэхъ набдзэгубдзаплъэу, дигури ди псэри етауэ дыкIэлъыплъынщ ди гъунэгъухэм я командэр зэрыджэгум, ди щIалэхэм я зэфIэкIхэм дыщыгуфIыкIынщ. Абы и закъуэ мыхъуу, ди республикэм и гъэсэн адыгэ топджэгу нэхъыбэ премьер-лигэм щыджэгумэ, ди дежкIэ ар гуфIэгъуэшхуэщ. Мыдрейуэ, илъэс нэхъыбэкIэ Мэхъэчкъалэм и командэм РПЛ-м зыщигъэбыдэну ди гуапэщ. Гъуэгу махуэ, яжыдоIэри, псоми фIыуэ тлъагъу ди «Спартак»-ри абыхэм яхыхьэжауэ Тхьэм дигъэлъагъу мыгувэу!
Мыри щIызгъужынут: илъэситI ипэкIэ премьер-лигэм хагъэкIа Къэзан и «Рубин»-м къыкIэлъыкIуэ илъэсым РПЛ-м игъэзэжын папщIэ, иужьрей зэIущIэр Калиниград и «Балтика»-м къыфIихьын хуеят. ИкIи апхуэдэ Iэмалрэ гуфIэгъуэрэ Тэтэрстаным и командэм езытауэ щытар адыгэ щIалэ Iэпщацэ Маратщ. Абы дигъэкIа топ закъуэр «дыщэ» пэлъытэ хъуат а пщыхьэщхьэм. Зи IэзагъкIэ зи пщIэр зыIэта щIалэхэр зэрыдиIэм дримыгуфIэу икIи дримыгушхуэу къанэркъым. Апхуэдэу щытми, ахэр дыдей щыджэгужрэ ди республикэм и командэр къэралым и гуп нэхъ лъэрызехьэхэм хагъэхьэжыныр дэри ди хъуэпсапIэщ…
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.