Спорт хъыбархэр

Тренер Iэзэр ящыгъупщэркъым

«Кубок Шихана» фIэщыгъэр зэрихьэу киокушинкай-каратэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Краснодар крайм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар Урысейм спортымкIэ и мастер Таиров ТIэхьир и фэеплъ зэпеуэу щытащ икIи абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 24-м я спортсмен ныбжьыщIэу 500-м щIигъу.
ГъэщIэгъуэну икIи гуащIэу екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и каратистхэм я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм дыщэ медалищ къыщахьащ. ТекIуахэм хуагъэфащэ япэ теувапIэм дэкIуеящ Таттаевэ Аминэ (кг 40), Биткаш Ашшур (кг 35,5-рэ), Шыд Ислъам (кг 55-рэ) сымэ.
Иджырей зэIущIэр Урысейм и еджакIуэхэм я 12-нэ спартакиадэу шыщхьэуIум Пермь къалэм щекIуэкIынум хэтынухэр къызэрыхахыу щытащ. 
Мыдрейуэ, фигу къэдгъэкIыжынщи, Таиров ТIэхьир 1967 гъэм Дагъыстэным къыщалъхуащ, Краснодар крайм Киокушинкай-каратэмкIэ и федерацэм и унафэщIу, Урысейм Киокушинкай-каратэмкIэ и федерацэм и вице-президенту, урысейпсо категорие зиIэ судьяуэ, Урысейм зауэ зэхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ щIыхь зиIэ и унэтIакIуэу, категорие нэхъыщхьэ зиIэ тренеру щытащ. Апхуэдэуи абы игъэхьэзыращ Урысейм спортымкIэ и мастеру 12, дунейпсо классымкIэ спортым и мастеру 2. Ар 2021 гъэм накъыгъэм и 21-м зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ.
АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин. 

Спорт лIэужьыгъуэщIэм дихьэххэр

Урысейм спорт зауэ зэмылIэужьыгъуэмкIэ (ММА) пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Чебоксары къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм хэта ди спортменхэм щIыналъэм къагъэзэжа нэужь, щIыпIэ журналистхэм яIущIащ икIи зэпеуэм щахузэфIэкIахэм, ар къазэрыщыхъуахэм яхутепсэлъыхьащ. 
ЗэIущIэр къызэригъэпэщащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм икIи ар иригъэкIуэкIащ министрым и къуэдзэ Хэжь Заур. Абы кърихьэлIащ республикэм ММА-мкIэ и федерацэм и унафэщI ПщыукI Залым, спортсменхэм я адэ-анэхэр, спортым дихьэххэр. 
 ПщыукI Залым зэIущIэм къекIуэлIахэм къабгъэдэкIыу СпортымкIэ министерствэм фIыщIэ хуищIащ ММА спорт лIэужьыгъуэм гулъытэ зэрыхуищIым, зэхьэзэхуэхэм зыхуагъэхьэзырын, абы екIуу зыкъыщагъэлъэгъуэн папщIэ сыт и лъэныкъуэкIи я федерацэм къызэрыдэIэпыкъум щхьэкIэ.
«ТекIуэныгъэм хуэпабгъэ щIалэгъуалэ ахъырзэманхэр куэду диIэщ. Абыхэм тренер хъарзынэхэр ядолажьэ, спортсменхэм я адэ-анэхэми сыт хуэдэ зэхьэзэхуэмкIи зыкъытщIагъакъуэу апхуэдэщ. Апхуэдэ щытыкIэм дэри ди лъэр егъэжан, текIуэныгъэшхуэхэм дытрагъэгушхуэ, нэхъыбэж тхузэфIокI», - жиIащ ПщыукIым.
Спортсменхэр тепсэлъыхьащ зэхьэзэхуэм зэрызыхуагъэхьэзыра щIыкIэм, зыIууа гугъуехьхэм, тренерхэм къалэн къыщащIахэр къазэрехъулIам, къапэщылъ зи чэзу зэпеуэхэм, я мурадхэм, нэгъуэщIхэми. 
Къэпсэлъахэм жаIахэр къызэщIикъуэжу Хэжь Заур къыхигъэщащ адэ-анэхэмрэ тренерхэмрэ къыхалъхьа гъэсэныгъэр, къыбгъэдалъхьа щIэныгъэр спортсменхэм къапэщылъ текIуэныгъэхэм лъабжьэ зэрахуэхъунур, ахэр къагъэсэбэпу ипэкIэ зэрыкIуэтапхъэр. 
«Чемпион нэс къыпхэкIын папщIэ абы ерыщу, уи зэмани, къаруи уемыблэжу, зэрыжаIэу, жэщи махуи зыхуэбгъэхьэзырын хуейщ», - жиIащ Хэжьым. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ММА-мкIэ иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм килограмм 67-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щытекIуащ Мансуров Имран. Аппаев Амиррэ (кг 67-рэ) Мэкъуауэ Ахъмэтрэ (кг 70) дыжьын медалхэр къахьащ. Уэтэр Алихъан (кг 48-рэ) ещанэ хъуащ. Иджы абыхэм псоми Iэмал ягъуэтащ мы гъэм екIуэкIыну дунейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну.
ЩIалэхэм я тренерхэр Жантудуев Азэмэт, Мэш Алим, Шыхъуэстэн Руслан сымэщ.
КЪАНШЫУЕЙ Алим. 

Тхьэзэплъыж Дамирэ къыхожаныкI

Самарэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ киокусинкай-каратэмкIэ «Шиханым и Кубок» 16-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэр. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 27-м я спортсмен 440-рэ, къитащ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу абы спортсменищ щыIащ. Илъэс 12 - 13 зи ныбжьхэм я деж ещанэ увыпIэр къыщихьащ Тхьэзэплъыж Дамирэ. 
Хъыджэбз цIыкIум зыкъыщигъэлъагъуэр килограмм 55-рэ хъухэм я дежщ. Зыгъасэр Зэхъуэхъу Муратщ.
 ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

 

 

 

 

Урысейм и Кубокым щIэбэну

Тэтэрстаным и Набережные Челны къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм и Кубокыр тхэквондомкIэ (ВТФ - Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы кърихьэлIащ УФ-м и спортсмен нэхъ лъэщ дыдэхэр, къэралым и командэ къыхэхам хэту мы махуэхэм Сербием щыIахэм нэмыщI. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Белград къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Европэм и чемпионат. 
Къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 39-м я лIыкIуэ цIыхухъурэ цIыхубзу 350-м нэблагъэ Набережные Челны щызэпеуащ. Республикэм и щIыхьыр яхъумэу зэхьэзэхуэм щыIащ Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием и гъэсэнхэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, килограмм 63-рэ зи хьэлъагъхэм я деж зыкъыщызыгъэлъагъуэ Яхненкэ Даниил ещанэ увыпIэр къихьащ. 
Ахъмэт Дамиррэ (кг 63-рэ) Щокъуий Ислъамрэ (кг 68-рэ) медалхэм нэсыным зы лъэбакъуэ къахуэнэжауэ къыхагъащIэри, зэпеуэм къыхэкIащ.
Европэм и чемпионату Белград щекIуэкIа зэхьэзэхуэми, япэм къэмыхъуауэ, къэралым и командэ къыхэхам хэту щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэу Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ, ауэ абыхэми зэкIэ я Iэзагъыр хурикъуакъым лъагапIэ гуэр абы щаубыдыну. ЗэрыжаIэу, псори дяпэкIэщ. 
Ди спортсменхэм я тренерыр Ахъмэт Амирщ. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег. 

Сыбырым щызэхуозэ

Красноярск къалэм и «Сибирь» Гранд Холлым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Siberian Power Show» къарур щынэхъыщхьэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ цIыхухъухэми цIыхубзхэми я дунейпсо зэхьэзэхуэ. Ди къэралым и спортсменхэм нэмыщI абы хэтащ, Ираным, Швецием, Франджым, Бельгием, Польшэм, Австралием, Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Шотландием, Германием, Испанием, Италием я командэхэри. 
ЗэIущIэр ягъэдахэу а пщыхьэщхьэм утыкум къихьащ ММА-мкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ зэуакIуэхэу Олейник Алексейрэ Монсон Джефрэ, ауэ зэкIэ ахэр зэрызэпеуар IэпщэкIэ зэпекъунымкIэщ (армрестлинг).
Мас-рестлингымкIэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Щоджэн Iэниуар икIи ещанэ увыпIэр абы къыщихьащ. 
Къыхэдгъэщынщи, мас-рестлингымкIэ зэпеуэм спортсменхэр щызэIущIащ я хьэлъагъми, я инагъми емылъытауэ. Абы къыхэкIыуи, ди щIалэр япэ ихьэгъуэм занщIэу пэщIэхуащ Урысейм и чемпион Попов Евгений икIи бжыгъэр 2:0-у къытекIуащ. ИужькIэ, Iэниуар «финал цIыкIум» ягъакIуэри, абы щэ щыбэнэн хуей хъуащ. Щоджэным ахэр екIуу къихьри, зэхьэзэхуэм ещанэ щыхъуащ.

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

Читать также: