Спорт![]() Къэрэшей-Шэрджэсым зыхуагъэхьэзыр Налшык къалэм и универсальнэ спорт комплексым иджыблагъэ щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ бэнакIуэу 260-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуауэ. Къэбэрдей-Балъэкъэрым и командэм медалитI зэпеуэм къыщихьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм я деж ущанэ щыхъуащ Къажэр Ислъамрэ (кг 65-рэ) Хьэтанэ Идаррэ (кг 79-рэ). Иджы екIуэкIа зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм шыщхьэIум Къэрэшей-Шэрджэсым щызэхашэну зэхьэзэхуэм. Командэм и тренерхэр Уэрыш Анзоррэ ЗэкIуий Арсенрэщ. Дунейпсо чемпионатым макIуэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу зэхьэзэхуэм бэнакIуэ 13 хэтащ. «Лайт» зэхьэзэхуэ лIэужьыгъуэмкIэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ Къуэдзокъуэ Атмир (кг 65-рэ), Гериев Елдар (кг 75-рэ), Къущхьэ Андемыркъан (кг 80), Къуэныкъуей Арсен (кг 80) сымэ. «Классикэ» лIэужьыгъуэмкIэ килограмм 80 зи хьэлъагъхэм я деж дыжьын медаль къыщихьащ Къуэныкъуей Алим. Ещанэ хъуахэщ Къущхьэ Аслъэнрэ (кг 70) ДыщэкI Муратрэ (кг 90). Чемпионатым къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ мы гъэм бжьыхьэм екIуэкIыну дунейпсо чемпионатым. Командэм и тренерхэр Бейтыгъуэн Руслан, Гериев Хъусейн, Щомахуэ Казбек сымэщ. Медалищ дыщэу къытхуахь Киокусинкай каратэмкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ Дагъыстаным и Кизилюрт къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 10-м я спортсмен 260-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яхъумэу абы щыIащ зэуакIуэ 16 икIи я ныбжырэ я хьэлъагърэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр къыщахьащ Щауэ Аскэр (кг 50), Мендэхъу Ренат (кг 60+), Шыд Ислъам (кг 60). ЕтIуанэ хъуахэщ Таттаевэ Аминэ, Биткаш Ашшур, Конторин Роман, Терешин Даниил, Чэбдаров Ашэмэз сымэ. Зэхьэзэхуэм нэхъыфIу къыщалъытащ Щауэ Аскэррэ Мендэхъу Ренатрэ. Командэр зэпеуэм хуагъэхьэзыращ Биткаш Емелъянрэ Давидрэ, Аппаев Акъболэт, Насыплыев ТIэхьир сымэ.
Поделиться:
Читать также:
10.08.2026 - 12:00 →
УащIыдэплъеин ябгъэдэлъщ
28.07.2026 - 11:18 →
Бибрэс и цIэр тхыдэм къыхэнэнущ
27.07.2026 - 20:41 →
ЩыIащ Адыгейм апхуэдэ жылэ
19.07.2026 - 12:26 →
Домбеякъыр и Iэрылъхьэщ Сэлим
16.07.2026 - 17:30 →
Псыгуэнсу щыщщ Жьанэ Мурат
| ||






Волгорад къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм универсальнэ зэзэуэмкIэ (унифайт» и чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 42-м я спортсмену 400-м щIигъу.