Я къарур япсыхьУрысей ФССП-м и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм япэ увыпIэр къыщахьащ суд приставхэм я щIыналъэ IэнатIэхэу КИФЩI-м щыIэм двоеборьемкIэ 2024 гъэм ирагъэкIуэкIа чемпионатым и етIуанэ Iыхьэм. Чемпионатыр щхьэзакъуэ-командэ зэпеуэ мардэм те-ту къызэрагъэпэщат икIи цIыхухъухэри цIыхубзхэри хэтащ. Абыхэм атлетикэ псынщIэм и хабзэмкIэ къажын метр 3000 (1000) икIи IэщэкIэ нэщанэ еуэн хуейт. Чемпионатым и мурад нэхъыщхьэр лэжьакIуэхэр я къарукIэ псыхьынырщ, я IэщIагъэм хуэхьэзыру щытынырщ, спорт лIэужьыгъуэхэм зегъэужьынырщ, Урысей ФССП-м и спортсменхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэнырщ. Уардэ Жантинэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




