НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 3, блыщхьэ
Лъакъуэрыгъажэм и дунейпсо махуэщ
1935 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, сабийхэм папщIэ тхылъ куэд къыдэзыгъэкIа Тамбий Александр.
1948 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и обозреватель Шал Мухьэмэд.
1953 гъэм къалъхуащ радиожурналист, Урысей артиадэм и лауреат, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Багъэтыр Нинэ.
1962 гъэм къалъхуащ Кубаным и къэрал, политикэ лэжьакIуэ, Успенскэ куеймрэ Армавир къалэмрэ я Iэтащхьэу, Краснодар крайм и губернаторым и япэ къуэдзэу щыта Хьэту Жамболэт.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 26-рэ, жэщым градус I5 щыхъунущ. 
Лъэпкъ Iущыгъэ:
«Яхуэмышхын сщIынщ», - жери ямышхыфын ищIащ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ