Щхьэлыкъуэдэсхэр зыщыгуфIыкI ухуэныгъэшхуэ![]() Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм спорткомплексрэ топджэгу губгъуэрэ щаухуэ. Лэжьыгъэхэр нэгъабэ ирагъэжьауэ щытащ икIи ухуакIуэхэм зыхуагъэувыжауэ щыта пIалъэм тету ирагъэкIуэкI.
Къуажэдэсхэм я дежкIэ спорт ухуэныгъэ кърагъэжьахэм мыхьэнэшхуэ яIэщ икIи, гугъэфIхэр ирапхыу, щыгуфIыкIыу ахэр кIэлъоплъ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым. И щхьэусыгъуэращи, абыхэм я фIыгъэкIэ жылэдэсхэм я псэукIэ-щыIэкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжынущ: я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ щIыпIэ яхуэхъунущ, спорт зэхьэзэхуэшхуэхэр щызэхашэфынущ.
КъатитIу зэтетыну спорткомплексыр иджырей мардэм къитIасэу яухуэнущ. Абы хыхьэнущ спортзал, тренажер зал, самбэм щыхуагъасэ пэш, щыгъын щIэлъхьапIэхэр, зыщыбгъэкъэбзэж хъуну пэшхэр, нэгъуэщIхэри. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, ахэр зыхуэныкъуэ щымыIэу къызэрагъэпэщынущ.
Топджэгу губгъуэри фIагъ лъагэ иIэу ягъэхьэзырынущ. Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абы хыхьэнущ турникхэр, тренажер зэхуэмыдэхэр, волейбол, баскетбол джэгупIэхэр. Абы къыхэкIыу, а щIыпIэхэм иралъхьэну «алэрыбгъухэр» къызыхэщIыкIам елъытауэ зэщхьэщыкIынущ.
Нэхъыщхьэращи, спорт ухуэныгъэхэр къуажэм дэт курыт еджапIэм пэгъунэгъуу щытынущ, абы и фIыгъэкIи, еджакIуэ цIыкIухэм я нэхъыбэр спортым дегъэхьэхыным шэсыпIэ хуэхъунущ.
Спорт комплексри топджэгу губгъуэри яухуэ «Къуажэ щIыпIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи ар зи нэIэ щIэтыр Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэрщ. Федеральнэ, щIыналъэ бюджетхэм щыщу а ухуэныгъэм трагъэкIуэдэну сом мелуан 84,4-рэ къыхуаутIыпщынущ, топджэгу губгъуэм и закъуэ – сом мелуан 28-рэ. Абыхэм нэмыщIкIэ, щIыпIэ бюджетым и мылъкуи, бюджетым хэмыхьэ ахъши а лэжьыгъэхэр зэфIэгъэкIыным къыхуагъэсэбэпынущ.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
10.11.2025 - 17:02 →
Спорт зэхьэзэхуэхэр
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
08.11.2025 - 16:44 →
Спорт хъыбархэр
07.11.2025 - 14:37 →
Къумахуэ Тимур етIуанэми щытокIуэ
| ||




