Кудом хуэIэзэхэр![]() Ставрополь крайм и Минводы къалэм щыIэ, гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэр щрагъэкIуэкI «МинводыЭКСПО» центрым иджыблагъэ щызэхэтащ кудомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэр. «ЦIэщIэхэр» зыфIаща а зэпеуэм кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу I9-м я спортсмен 400-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс I2-м къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ цIыкIум дыщэ медалищ зэхьэзэхуэм къыщихьын хузэфIэкIащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Бетрожь Артур (кудо-коэффициенту I90-рэ), Хутэ Беслъэн (230-рэ), Исмэхьил Исмэхьил (260-рэ).
А псом къадэкIуэу, Хутэ Беслъэн зэуакIуэ нэхъ лъэщу зэхьэзэхуэм къыщалъытащ, Майрамуков Казбек – судья нэхъыфIу.
Сабийхэм я зэпеуэми республикэм и командэм медалитI къыщихьащ. Малкандуев Ильдаррэ Лобжанидзе Дамиррэ ещанэ увыпIэр къахьащ.
Командэм и тренерхэр Майрамуков Казбекрэ Щоджэнхэ Аслъэнрэ Русланрэщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, кудор зэзауэ IэмалхэмкIэ зэхэгъэува иджырей спорт лIэужьыгъуэщIэщ. Ар I98I гъэм къигупсысащ къуэкIыпIэ спортхэм фIыуэ хэзыщIыкI Такаси Адзумэ. Кудом лъабжьэ хуэхъуащ киокусинкай-каратэр, дзюдор, тай боксыр.
Зэхьэзэхуэхэр ирагъэкIуэкI спортсменхэм я кудо-коэффициентхэр къалъытауэ: абыхэм я хьэлъагъхэмрэ я инагъхэмрэ зэхалъхьэри, абы тещIыхьауэ утыкум къохьэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
14.05.2026 - 17:00 →
СПОРТ ХЪЫБАРХЭР
12.05.2026 - 18:31 →
Спорт хъыбархэр
08.05.2026 - 14:44 →
КъэралитIым зыкъыщагъэлъагъуэ
06.05.2026 - 15:59 →
Спорт хъыбархэр
| ||





