Шхэнми мардэ

 «УвыIэжыкIэ зымыщIэ шхэкIэ» зыфIащу, сыт и щIысри щашх хъу махуэу Америкэм и Штат Зэгуэтхэм (США) къыщрахьэжьам и жэуапу Урысей Федерацэм и цIыхухэм къагупсысащ «Егъэлеиныгъэ зыхэмылъ ерыскъы зэхьэлIэкIэм и махуэ» жыхуаIэр. Ар япэ дыдэу щагъэлъэпIар 2011 гъэращ.
ПэхуэщIэм нэгъуэщIуи йоджэ: «Узыншагъэм щхьэпэ шхэкIэ» жиIэу. Къызэраублэрэ илъэс бжыгъэ дэкIами, зэрырагъэкIуэкIыр къэрал унафэ хэмытущ. Ар УФ-м щыпсэухэм я деж щыгъэувынымкIэ жэрдэмыр зейр Интернетым ису а IуэхумкIэ зэгурыIуа гупым зэдыхэтахэрщ. Мы гъэм ар ди къэралым 14-нэу щагъэлъэпIэнущ. 
Кърахьэжьам и телъхьэхэр псынщIащэу куэд зэрыгъэхъуащ. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, мыр цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. АтIэми, ари и зы щIэдзапIэщ ерыскъы зэхьэлIэкIэм мардэ хэлъын зэрыхуейм ехьэлIауэ иужьрей илъэсхэм дэнэ лъэныкъуэкIи зыщызыубгъуа псалъэмакъым.  
Пасэрей Алыджым щыпсэуа, дохутыр, философ цIэрыIуэ Гиппократ зэригъэувамкIэ, узыфэ псоми къежьапIэ яхуэхъур шхэкIэ егъэлеярщ. Ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIы махуэр хуэгъэзащ ерыскъыр хабзэ пыухыкIа гуэрым тету зэхьэлIэн зэрыхуейм жылагъуэм гу лъегъэтэным.
Дохутырхэм къызэралъытэмкIи, зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ зэгъэпэща, егъэлеиныгъэ зыхэмылъ шхэкIэр - цIыхум, щыцIыкIум деж къыщегъэжьауэ, и Iэпкълъэпкъыр зэрыубыдынымкIэ, зыужьыныгъэ тэмэм игъуэтынымкIэ, и гъащIэр кIыхь хъунымкIэ Iэмал нэхъ пажэхэм ящыщщ. 
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2025 - 15:13 НОБЭ
24.04.2025 - 12:26 НОБЭ
23.04.2025 - 11:08 НОБЭ