Спорт хъыбархэр

 ШОС-м и Кубокым щIэбэнынухэщ

Урысейм кикбоксингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Дагъыстаным и Каспийск къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 76-м я спортсмену 2300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэси 10 - 18-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам зэхьэзэхуэм медалипщI къыщихьащ, абы щыщу тIур - дыщэу. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Ламырдон Дианэрэ (кг 70) СэвкIуий Саидрэ (кг 36-рэ).
Дыжьын медалхэр къахьащ Абдусаламов Саидрэ (кг 86-рэ) Къардэн Азэмэтрэ (кг 54-рэ). Ещанэ хъуахэщ Зиядинов Ибрэхьим (кг 71-рэ), Къэзан Рэхьим (кг 91-рэ), ШэджыхьэщIэ Жамболэт (кг 71-рэ), Къэзан Руслан (кг 48-рэ), Къандэхъу Расул (кг 60), Гъубжокъуэ Элинэ (кг 42-рэ) сымэ.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хагъэхьащ Ламырдон Дианэ, СэвкIуий Саид, Абдусаламов Саид, Къардэн Азэмат сымэ икIи, абы и фIыгъэкIэ, ахэр хэтынущ ШОС-м хыхьэ къэралхэм я Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм екIуэкIыну зэхьэзэхуэм.
Ди командэм и тренерхэр Саралидзе Айдин, Боллоев Аслъэн, Куэшмэн Рустам сымэщ.

 

 Чемпионыр зэхагъэкI

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухъухэм шахмэт псынщIэхэмкIэ я чемпионат. Зэхьэзэхуэм хэтащ цIыху 60. 
ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу щыта зэIущIэхэм япэ увыпIэр къыщихьащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпион хъуащ Къер Батыр. ЕтIуанэ хъуащ ТекIуий Эмир, ещанэр - Щыхьмырзэ ФатIимэщ.

Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр медалхэмкIэ, кубокхэмкIэ, ахьшэ саугъэтхэмкIэ ягъэпажащ. Абы нэмыщI саугъэт щхьэхуэхэр иратащ Токъуий Валерэ, Жабоев Iэдэм, Алиев Умэхъан, Дедюхин Олег сымэ.

 

 

 

 

Хоккейм дихьэххэм къахохъуэ

ЕсэнтIыгу къалэм мы махуэхэм щызэхэтащ хоккеймкIэ чемпионат.
А спорт лIэужьыгъуэм дихьэххэр, ар фIыуэ зылъагъухэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум и щыхьэтщ щIымахуэр щыткIий хабзэ щIыналъэхэм я лIыкIуэхэм нэмыщI, ди къэралым и щIыпIэ нэхъ хуабэхэми апхуэдэ командэхэр къызэрыщызэрагъэпэщыр. Апхуэдэу, иджырей зэпеуэм хэтащ Налшык и «Бгырысхэр», Нартсанэ и «Нарзан», Псыхуабэ и «Вагъуэ», Гумкъалэ и «Си тенджыз», ЕсэнтIыгу и «Блынджабэ», «Витязь» командэхэр. 
ДызыщыгуфIыкIынщи, зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм, етIуанэ хъуахэщ Нартсанэ икIахэр, ещанэр ЕсэнтIыгу щыщхэрщ. 
Абы къадэкIуэу, чемпионатым и гъуащхьауэ, гъуащхьэхъумэ нэхъыфIхэу ди республикэм и командэм и хоккеистхэр къалъытащ. 

 

АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться: