Дунейпсо зэпеуэм къыщыхожаныкIКъэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Санкт-Петербург къалэм дзюдомкIэ щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ ди республикэм и лIыкIуэхэри.
Рахлин Анатолэ и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ мэкъуауэгъуэм и 1-2-хэм «Юбилейный» спорт комплексым щызэхэта I2-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ къэрал I5-м я бэнакIуэу 280-м нэблагъэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, я ныбжькIэ илъэс 2I-м щIимыгъуауэ икIи ахэр гуп I4-у гуэшауэ щытащ.
Килограмм 90 зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ Къуныжь Ролан зэIущIиплI иригъэкIуэкIати, псоми щытекIуэри, дыщэ медалыр къихьащ. Абы зытIэкIукIэ зыкъыкIэригъэхуащ килограмм 66-рэ хъухэм я деж щыбанэ Замбат Къантемыр. Адыгэ щIалэм мыбдеж зэхьэзэхуэм и домбеякъ медалыр къихьащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




