Армавир я плъапIэуНалшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм дзюдомкIэ и урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 12-м я бэнакIуэ 360-рэ, я ныбжькIэ илъэс I8-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщигъэлъэгъуащ икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Хъуран Къантемыр, Мамий Атмир, Щоджэн Дэнызэ.
Борэн Иналрэ Хъуран Каринэрэ етIуанэ хъуащ, Iэпыч Мухьэмэд, БищIо Атхъан, Кастахов Марат, Гъэунэ Азнаур, Къумыкъу Алинэ, Бэч Анзор сымэ ещанэщ.
Иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуахэр хэтынущ Урысейм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм шыщхьэуIум Армавир къалэм щызэхашэну зэпеуэхэм.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 16:28 →
Медалищ къахьащ
17.03.2025 - 17:00 →
ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ
17.03.2025 - 15:40 →
МинитIым щIигъу зэхуэсат
17.03.2025 - 15:00 →
Суздаль медалищ къраш
13.03.2025 - 17:22 →
Спорт хъыбархэр
|