«Локомотив-Грин Хилл» клубыр пашэщ

Санкт-Петербург къалэм щызэхэта XXVII дунейпсо экономикэ зэхуэсым (ПМЭФ) хыхьэу а къалэм щекIуэкIащ «LokoCup» фIэщыгъэр зэрихьэу дзюдомкIэ клубхэм я дунейпсо зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъэкъэрым и щIыхьыр ихъумэу зэпеуэм хэтащ Налшык къалэм и «Локомотив-Грин Хилл» гупыр.

Азием къыбгъэдэкIыу Санкт-Петербург щыбэнащ Къэзахъстаным и «Jenys», Китайм и «Great Wall» командэхэр, Европэм и щIыхьыр абы щахъумащ ищхьэIуэкIэ зы гугъу фхуэтщIа Налшык и бэнакIуэхэм, Бразилием и «Minas Tenis Clube» жы­хуиIэр Латин Америкэм и лIыкIуэхэт. Зэхьэзэхуэм хэтахэр я хьэлъагъ елъытауэ гупитхуу гуэшауэ щытащ икIи ахэр гуп-гупу зэбэнащ.
Ди гуапэ зэрыхъунщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Локомотивым» хузэфIэкIащ зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм икIын икIи зэIущIэм и бжыгъэр 4:1-уэ финалым абы щыхигъэщIащ Къэзахъстаным и «Jenys» клубыр. 
Дыщэ медалхэр ди командэм къыхуахьащ Замбат Къантемыр, Шэджэм БетIал (тIури кг 66-рэ), Ало Мухьэмэд (кг 73-рэ), Байсиев Таулан (кг 81-рэ), Къуныжь Ролан, Абазэ Астемыр (тIури кг 90), Быф Идар, Якушев Дмитрий (тIури 90+) сымэ.
ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуэзыгъэхьэзырар командэм и тренер нэхъыщхьэ Джэданэ Залымщ.

ЕджакIуэхэм я
гъэмахуэ спартакиадэм
Урысей Федерацэм и еджакIуэхэм я Гъэмахуэ спартакиадэм и кIэух Iыхьэм хыхьэу алыдж-урым бэнэкIэмкIэ ныбжьыщIэхэм, илъэс 16-м щIимыгъуахэм, я зэхьэзэхуэ Къалмыкъым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 50-м я бэнакIуи 150-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм цIыхуих щыIащ икIи килограмм 75-рэ зи хьэлъагъхэм я деж зыкъы­щызыгъэ­лъагъуэ Къудей Арсен зэпеуэм и дыщэ медалыр къихьащ.
ЕтIуанэ увыпIэм къыщыувыIащ Уэдыжь Иран. ЩIалэр щыбанэр килограмм 44-рэ зи хьэлъагъхэм я гупырщ. Ещанэ хъуа­хэщ Дзу Аслъэнрэ (кг 48-рэ) Хъущт Чэримрэ (кг 52-рэ).
Командэм и тренерхэр Нэгъуей Азэмэт, Щокъарэ Мурат, Къар­дэн Анзор, Чыл Аслъэн, Къарэ Хьид сымэщ.

Шэкэм Михаил и гъэсэныр ятокIуэ

Урысей Федерацэм атлетикэ хьэлъэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Сыктыквар къалэм  щызэхэтащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIы­налъэхэм ящыщу 52-м я спортсмену, щIалэхэри хъы­джэбз­хэри зэхэту, 300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 15 - 23-хэм ­къриубыдэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым атлетикэ хьэлъэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер Шэкэм Михаил иджыблагъэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, зэхьэзэхуэм и дыщэ медалыр къихьащ килограмм 76-рэ зи хьэлъагъхэм я деж зыкъыщызыгъэлъа­гъуэ Скрипо Аланэ. Ди лъахэгъу хъыджэбзым бгъэ­дыхьэгъуитIкIэ (жимымрэ рывокымрэ зэхэту) къиIэтащ килограмм 209-рэ (89/120). 
Гулиев Тамерлан зэхьэзэхуэм етIуанэ щыхъуащ килограмм 73-рэ зи хьэлъагъхэм я деж. Ди щIалэм къиIэтащ килограмм 299-рэ (133/166). 
Спортсменхэм я тренерхэр Шэкэм Михаилрэ Щауэ МуIэедрэщ.

КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться:

Читать также: