Добренький и медалыр Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан мы махуэхэм щекIуэкI 5-нэ дунейпсо спорт зэхьэзэхуэхэм иджыри зы хъыбарыфI къыщытIэрыхьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Добренький Александр дискыр дзынымкIэ зыхэта зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Ди лъахэгъум идза дискыр метр 58,62-м нигъэсащ. Япэ увыпIэр къэзыхьа Худяков Алексей хузэфIэкIащ ар метр 62,08-м нигъэсыфын. Ещанэ мыбдежым щыхъуащ Белоруссием и спортсмен Пучко Владислав – метр 58,40-рэ.
Ди щIалэм и тренерхэр Артамонов Артуррэ Жуков Андрейрэщ.
Къэзан щекIуэкI зэхьэзэхуэм хэтщ къэрал 90-м я спортсмену мини 5-м нэблагъэ икIи ахэр щIобэн медаль комплекту 386-м. Ахэр щагъэджэгунущ Олимп джэгухэм хыхьэ спорт лIэужьыгъуэхэмрэ абы хэмыхьэхэмрэ - псори зэхэту 27-мкIэ.
Мас-рестлингымкIэ лъэщхэщ
Осетие Ищхъэрэ – Аланием и къалащхьэ Владикавказ мы махуэхэм щекIуэкIащ зэзауэ спорт гъуазджэмкIэ ныбжьыщIэхэм я 15-нэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы хэтащ илъэси 9 - 17 зи ныбжьхэр, псори зэхэту 900-м щIигъу. Абыхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ спорт лIэужьыгъуэу 12-мкIэ.Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр мас-рестлингымкIэ зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщагъэлъэгъуащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Щомахуэ Аслъэнбэч, Хъуэт Дамир, БжэныкIэ Мухьэмэд, Урыс Амурбек, ЩоджэнцIыкIу Аделинэ, Къардэн Дамир, Къардэн Тамерлан, Къармокъуэ Даянэ, Атэбий Инал сымэ.
Щомахуэ Къантемыр, Ажахъуэ Амир, Унэж Раянэ, Мэршэнкъул Лианэ, Сатушы Темырлан сымэ етIуанэ хъуащ. Ещанэ увыпIэр къахьащ Бекъан Къантемыр, Дудев Сулеймэн, Хьэгъэжей Къантемыр сымэ.
ЛампIэжь Алим, Хьэгъэжей Алим, Ерыжокъуэ Салимэ сымэ ди командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ.
Чемпиону къагъэзэж
Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм универсальнэ зауэмкIэ (унифайт) и чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 23-м я спортсмени 130-рэ.
Ди гуапэ зэрыхъущи, гъэщIэгъуэну икIи гуащIэу командэхэм ирагъэкIуэкIа гуп зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ увыпIэр щиубыдащ. Абы нэмыщI, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ ТыIэщ Дамир (кг 60), Хьэвэящхьэ Елдар (кг 65-рэ), Хъалил Алан (кг 75-рэ) сымэ.
ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ Къуэныкъуей Алим (кг 80), ещанэр – КIэбышэ Алим (кг 85-рэ), Семэн Сэлим (кг 85+), Забунян Сусаннэ (кг 57-рэ) сымэ.
УФ-м и чемпионатым къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ дызэрыт илъэсым бжьыхьэм екIуэкIыну дунейпсо чемпионатым хэтыну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм и тренерхэр Бейтыгъуэн Руслан, ШэрыIужь Тимур, Щомахуэ Казбек, Тхьэщыгъуей Анзор сымэщ.
Поделиться:
Читать также:
04.09.2026 - 15:32 →
ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр зэхуешэс
28.08.2026 - 13:30 →
Къасболэт екIуу утыку къокIыж
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
18.08.2026 - 13:43 →
Узыншагъэ быдэм и шэсыпIэ
16.08.2026 - 10:04 →
«Тэрчымрэ» «Логоваз»-мрэ зэдобакъуэ
| ||





Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан мы махуэхэм щекIуэкI 5-нэ дунейпсо спорт зэхьэзэхуэхэм иджыри зы хъыбарыфI къыщытIэрыхьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Добренький Александр дискыр дзынымкIэ зыхэта зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.
Осетие Ищхъэрэ – Аланием и къалащхьэ Владикавказ мы махуэхэм щекIуэкIащ зэзауэ спорт гъуазджэмкIэ ныбжьыщIэхэм я 15-нэ зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы хэтащ илъэси 9 - 17 зи ныбжьхэр, псори зэхэту 900-м щIигъу. Абыхэм зыкъыщагъэлъэгъуащ спорт лIэужьыгъуэу 12-мкIэ.