ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и 49-нэ сессиеу 1994 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж щекIуэкIам къыщащтащ «Губгъуэхэр имыгъэгъущыкIынымрэ уэгъухэм япэщIэтынымкIэ махуэ» зыфIащар. Ар трагъэхуащ мэкъуауэгъуэм и 17-м. КъыкIэлъыкIуа илъэсым адрей къэралхэми гъэлъэпIэн щыщIадзащ.
Зэхуэсышхуэм зэрыщагъэувауэ, хэгъэгухэм щIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ я министерствэхэм а махуэм Iуэхугъуэ хэхахэр (зэIущIэхэр, дерс щхьэхуэхэр, къинэмыщIхэр) еджапIэхэмрэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ щрагъэкIуэкIыпхъэщ, губгъуэшэкъракъхэм (къумхэм) земыгъэубгъунымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ уэгъухэм япэщIэтынымкIэ лъэпощхьэпохэмрэ щытепсэлъыхьу.
Губгъуэшэкъракъхэмрэ уэгъухэр зыхуэлъэ щIыпIэхэмрэ мы зэманым мащIэкъым. Абыхэм къызэщIаубыдэ ЩIы Хъурейм и щIы щхьэфэм и процент 46-р, псори зэхэту, цIыху мелардищым щIигъу щыпсэур.
Уэгъухэр къыщымыхъу щIыналъэхэм щыпсэухэр егупсысынри хэлъщ губгъуэшэкъракъхэм узыщрихьэлIэ тхьэмыщкIагъэхэм хуэдэхэр къалъэIэсын папщIэ иджыри зэман куэдыщэ дэкIын хуейуэ. Ауэ, апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр, иужьрей илъэсхэм къызэрагъэнэIуамкIэ, щхьэгъэпцIэжщ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, 2100 гъэм ирихьэлIэу, ди планетэм уэгъур щыятэ щIыпIэхэр куэдкIэ нэхъыбэ щыхъунущ.
Псалъэм папщIэ, Африкэм щыIэ Сахарэ къум абрагъуэм кIуэ пэтми ипщэкIэ нэхъри зэрызыщиубгъум къыхэкIыу, а лъэныкъуэмкIэ къедза къэрал цIыкIухэр, 2022 гъэм къызэрабжамкIэ, цIыху мелуан 62-м нэблагъэм ябгынащ. Iэпхъуэшэпхъуахэм, зэрыжаIэмкIэ, егъэзыпIэу къыхахар а континентым и ищхъэрэ щIыналъэхэмрэ Европэмрэщ. Абы щыгъуэми, Iэпхъуэшапхъуэ ямылейм къишэ зэщымыщхъуныгъэхэр зыхуэдэм иужьрей илъэсхэм щыхьэт дытехъуэ зэпытщ.
ХъупIэхэр удзыншэу къызэрынэм, гъавэ щIапIэхэр, зыри щыхэпщIэ мыхъужу, зэрызэщIэгъущхьэм, хэщIыныгъэу цIыхухэми къэралхэми къахуихьыр къыпхуэмылъытэн хуэдизщ. Уэгъухэм щIыпIэдэлъху лъэпкъхэм ижькIэрэ къадекIуэкIа я хадэ зехьэкIэ-Iэщ зехуэкIэхэм зрагъэхъуэж, дунейпсо экономикэри, зэпIэзэрыт щытыкIэм ирамыгъэтыжу, гугъуехь Iэджэм хадзэ, псом нэхъыщхьэжращи, ерыскъыхэкIхэм я уасэхэр, уапэмылъэщын хуэдизу, драгъэуей.
Къэдгъэлъэгъуэнщи, ди къэралым и щIы щхьэфэм щыщу гектар мин 50-м къыщыщIэдзауэ гектар мини 100-м нэблагъэм уэгъур щIэх-щIэхыурэ ялъоIэс. Апхуэдэщ, Индыл псышхуэм къедза языныкъуэ щIыпIэхэр, Кавказым и пэIущIэр, Байкал хыжьей абрагъуэм къуэкIыпIэмкIэ къедза щIыгур, Къалмыкъыр, Астрахань щIыналъэр. КъызэрабжамкIэ, нэхъыбэ дыдэрэ щIыр щызэщIэгъущхьэ щIыпIэщ Урал псым и Iэгъуэблагъэр, Индыл псым и курыхымрэ ар Каспий хым щыхэлъэдэжым деж щыIэмрэ. Уэгъухэм я зэранкIэ, а Iуэхум телажьэ щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Урысей Федерацэм хьэцэпэцэу къыхуехьэлIэжынум гъэ къэс тонн мелуан 24-м нэблагъэ, ику иту, щыкIэроху.
ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, апхуэдэ гуныкъуэгъуэхэм нэхъ япэIэщIэ дыхъун папщIэ, Iэмал нэхъыфIу къэгъэсэбэпыпхъэр щIыгулъыр щыгъущ щIыпIэхэм жыгыщIэхэр нэхъыбэу щыхэсэнырщ. Абыхэм я лъабжьэм удзыщIэхэми зыкъыщызэщIаIэтэ, псыIагъэми нэхъ зыщызэтраIыгъэ. Дауи, зэрыгурыIуэгъуэщи, уэгъухэр зыхуэлъэ дэнэ щIыгуи апхуэдэ лэжьыгъэ къызэрымыкIуэхэр щебгъэкIуэкIын папщIэ къарууи мылъкууи текIуэдэнур мащIэкъым. Мис а псоми цIыхухэри жылагъуэри ирагъэгупсысын щхьэкIэщ зи гугъу тщIы махуэр щIыхагъэунэхукIар.