Спорт хъыбархэр

БРИКС-м и чемпионхэщ

Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан мы махуэхэм щекIуэкI 5-нэ дунейпсо спорт зэхьэзэхуэхэм хъыбарыфIхэр къытхуахь зэпытщ. Иджы дызыгъэгуфIар бэнэкIэ хуитымкIэ зэпеуэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа ди щIалэ ахъырзэманхэу ЗэкIуий Анзоррэ Шаваев Маликрэщ: тIуми дыщэ медалхэр къахьри, БРИКС-м и чемпион хъуащ. 
Килограмм 74-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ ЗэкIуий Анзор финалым щыIущIащ Къэзахъстаным и бэнакIуэ лъэщ Джакупов Мурат икIи бжыгъэр 2:0-у абы къыфIихьри, япэ увыпIэр иубыдащ. 
Шаваев Малик къыпэщIэта, Узбекистаным и спортсмен Исломов Бобур къызытригъэкIуэну зы Iэмал иримыту, бжыгъэр 10:0-у къыфIихьащ икIи ари чемпион хъуащ. Ди лъахэгъур щыбанэр килограмм 86-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ. 
ЩIалэхэм я тренерхэр ЗэкIуий Арсен, Башиев Якъуб, Грек Игнат сымэщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Къэзан щекIуэкI зэхьэзэхуэм хэтщ къэрал 90-м я спортсмену мини 5-м нэблагъэ икIи ахэр щIобэн медаль комплекту 386-м. Ахэр ягъэджэгунущ Олимп джэгухэм хыхьэ спорт лIэужьыгъуэхэмрэ абы хэмыхьэхэмрэ - псори зэхэту 27-мкIэ. Зэхьэзэхуэхэр екIуэкIынущ мэкъуауэгъуэм и 23 пщIондэ. 

Самарэ зыкъыщрагъэцIыху

СССР-м бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер Сурков Сергей и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэу Самарэ къалэм щекIуэкIам Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медалибгъу къыщихьащ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ дигъэщIащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм. 
Зэхьэзэхуэм щызэпеуащ зи ныбжьыр илъэс 18-м щIимыгъуа бэнакIуэхэр. Ди щIалэхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Iэрыпщэ Инал (кг 55-рэ), Амчокъуэ Инал (кг 71-рэ), Шокъум Залым (кг 80) сымэ. Джэдмышх Дамир (кг 71-рэ) зэпеуэм етIуанэ щыхъуащ, Щад Ибрэхьим (кг 42-рэ), Щоджэн Алихъан (кг 48-рэ), Шыкъ Айдэмыр, Агъашэ Юнус (тIури кг 60), Мусэ Амир (кг 110-рэ) сымэ ещанэ хъуащ. 

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:

Читать также: