Зэгъэзэхуэныгъэр зи къежьапIэ

Экономистым и махуэр ­Урысей Федерацэм гъэ къэс мэкъуауэгъуэм и 30-м щагъэ­лъапIэ. Гулъытэ хэха хуащI ­щыхъуар 1917 гъэм къыщы­щIэдзауэщ. Абы щыгъуэщ ди къэралыгъуэщIэм ФинансхэмкIэ цIыхубэ комиссариат къы­щызэрагъэпэщауэ щытар. 

Хабзэ зэрыхъуауэ, мы махуэр зэдагъэлъапIэ хьэпшыпрэ ерыскъыхэкIрэ къыщIэзыгъэкI IуэхущIапIэхэм, ахъшэ хъумапIэхэм, уней, къэрал зэгухьэныгъэхэм я мылъкур зэгъэзэхуэныр-зэкIэ­лъы­гъэкIуэныр зи пщэ дэлъ лэжьакIуэхэм, экономикэм щы­хуагъэхьэзыр еджапIэхэм щIэс­хэмрэ а Iуэхум хуезыгъасэхэм-рэ, къэралым зи гугъу тщIы и унэтIыныгъэм властым щыщу кIэлъыплъхэм, нэгъуэщIхэми.
«Экономикэ» алыдж псалъэр япэу къагъэсэбэпын щыщIа­дзар, зэрыхуагъэфащэмкIэ, ди эрэм ипэкIэ IV лIэщIыгъуэм икухэрщ. КърагъэкIыу щытари «унагъуэр тэмэму зехьэн» жы­хуиIэщ. Лъэхъэнэ жыжьэхэм псэуахэм, дызэрыщыгъуазэщи, унагъуэр зехьэным, къедза ­лъапсэр зыхуей хуэгъэзэным мыхьэнэ ин дыдэ ирату щытащ. 
Зэман дэкIри, цIыхухэм нэ­гъуэщI къалэнхэри зыхуагъэувыж хъуащ, ахэр зэгъэхъулIэ-ным пыщIа Iэмалхэми лъыхъуэу щIадзащ. Апхуэдэу, XVI лIэщIыгъуэр здекIуэкIым, Европэм щыIэ къэралхэм къыщыунэ­-хуащ экономикэм щыхуагъасэ еджапIэ зыбжанэ. Илъэсищэхэр блэкIри, цIыхубэ хозяйствэм зыкъыщиIэтащ, производствэмрэ хьэрычэтымрэ нэхъри щызэ­теуващ, псэуныгъэм пыщIа Iуэху­хэм заужьу щыщIадзащ. 
Махуэр зыхуэгъэзар ахъшэр тэмэму зэгъэзэхуэн зэрыхуейм  и закъуэкъым, атIэ зэманми, цIыхум и зэфIэкIми, хьэпшыпхэми, псори дызэлъытэжа щIы­уэпсми, къинэмыщI абы хуэдэу зыщысхьыпхъэ псоми яхуэсакъыпхъэу зэрыщытыр къыхэгъэщынырщ. 
Европэм щыIэ еджапIэхэм ящы­щу языныкъуэхэм зэгъэ­зэхуэкIэм ехьэлIа дерс щхьэ­хуэхэр нобэми щрагъэкIуэкI. Абыхэм, цIыхум ехьэлIауи щIы­уэпсым пыщIауи, дыкъэзыу­хъуреихь дунейм дызыщрихьэлIэ дэтхэнэ «хъугъуэфIы­гъуэри» зэгъэзэхуапхъэу зэры­щытым щIэблэм я мызакъуэу, балигъхэри къыщыхураджэ.
Урысей Федерацэр къэтщтэнщи, мы зэманым дызэрыува щы­тыкIэр къэтлъытэмэ, зэгъэ­зэ­хуэкIэмрэ гъэтIылъыгъэхэр зэращI щIыкIэмрэ къытедгъэзэжу зыщыдгъэгъуэзэныр, цIыху къызэрыгуэкIхэр къыдогъанэри, нэхъ зыхузэфIэкIхэм я дежкIи лейуэ къыщIэкIынукъым. 
Мы махуэм ирагъэкIуэкI зэIущIэхэм зи IэнатIэм нэхъ къы­щыхэжаныкIахэр щагъэпажэ, Iуэху­щIапIэхэм семинархэр, дерс щхьэхуэхэр къыщызэрагъэпэщ. 
Къыхэгъэщыпхъэр аращи, УФ-м и экономикэ жылагъуэм дежкIэ пщIэ нэхъ зиIэу къалъытэр гъэ къэс ят хабзэ, Урысейпсо жылагъуэ тыгъэу «Гъэм и экономист» зи фIэщыгъэмрэ абы дыщIыгъу дамыгъэмрэщ.
 

ЛУЦЭ СулътIан.
Поделиться: