Быгуэ Мансур Армавир макIуэОрёл къалэм и «ГРИНН» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Урысейм и щIалэгъуэ» спорт-физкультурэ зэгухьэныгъэм и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щыIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 36-м я бэнакIуэу, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 480-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс I8-м щIимыгъуауэ. Ахэр гуп I7-у гуэшауэ щытащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и дзюдоист щIалэщIэ Быгуэ Мансур финалым нэсын папщIэ зэIущIитху иригъэкIуэкIати, псоми щытекIуэри, зэхьэзэхуэм и кIэух зэпеуэм щыхуэзащ Мэзкуу къалэм щыщ Колчев Роман. Абдежми адыгэ бэнакIуэр щылъэщащ, зэхьэзэхуэм и дыщэ медалри къихьащ. Быгуэр щыбанэр килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я дежщ.
Иджы Мансур къыпэщылъщ Урысей Федерацэм и еджакIуэхэм я Спартакиадэм и кIэух зэхьэзэхуэу мы гъэм шыщхьэуIум икIэхэм Армавир къалэм щызэхэтынум зыкъыщигъэлъэгъуэну.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




