Бадзэуэгъуэм и 26-м щыщIэдзауэ шыщхьэIум и 11-м пщIондэ ХХХIII Гъэмахуэ Олимп джэгухэр Франджым и къалащхьэ Лондон щекIуэкIынущ. Ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ мы зэхьэзэхуэм илъэс минищым нэблагъэ тхыдэ къулей иIэщ. Нобэ фыщыдгъэгъуэзэнщ япэ Олимпиадэхэр къызэрежьамрэ ахэр зэрекIуэкIамрэ.
Хъыбарыжьхэм къызэраIуатэжымкIэ
Шэч къызытрамыхьэжымкIэ, Олимп Джэгухэр дызэрыт эрэм и пэ IХ лIэщIыгъуэм зэхаублащ. Ар къезыгъэжьа алыджхэм абы ехьэлIа хъыбарыжь удэзыхьэх куэд зэхалъхьащ. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, пасэрей урым усакIуэ Овидийрэ пасэрей алыдж усакIуэ Пиндаррэ зытетхыхьа Пелопс. Абыхэм къызэрыхагъэщымкIэ, Троям и пащтыхь Ил щалъхуа Сипил къалэр иубыда иужькIэ Пелопс и хэкур ибгынэри, Алыджым Iэпхъуащ. А къэралым и ипщэ лъэныкъуэм хытIыгу ныкъуэ къыщигъуэтри, псэупIэ ищIащ. Абы щегъэжьауэ хытIыгу ныкъуэм Пелопоннес цIэр зэрихьэ хъуащ.
Зэгуэрым Пелопс къилъэгъуащ Пелопоннесым и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Писэ къалэм и пащтыхь Эномай ипхъу тхьэIухуд Гиподамие. Ар абы апхуэдизкIэ дихьэхати, къишэну мурад ищIащ. АрщхьэкIэ а Iуэхур зэгъэхъулIэгъуейт. КъызэрыщIэкIымкIэ, Iэзэм Эномай къыжриIат и пхъум и щхьэгъусэм зэрыIэщIэкIуэдэнур. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкIэ пащтыхьым унафэ ищIат Гиподамие зыми иримытыну. Ауэ дауэ махуэ къэс и пхъум къылъыхъухэр зэрыIуигъэкIуэтынур? Абы папщIэ щхьэусыгъуэ пыухыкIа икIи фIэкIыпIэншэ щыIэн хуейт. Арати, Эномай малъхъэ къыхуэхъуну хуейхэм мардэ ткIий яхуигъэуващ: абы Гиподамие зритынур шыгуузэдамкIэ (колесницэ) зэзауэм къыщытекIуэрщ, хигъэщIам ажалыр къыпоплъэ. Псори щыгъуазэт шыгуузэдар зегъэкIуэнымкIэ Эномай къыпэлъэщын Алыдж псом зэримысыр, и шыхэри жьым нэхърэ зэрынэхъ псынщIэр.
Зыр адрейм къыкIэлъыкIуэу пащтыхьым и уардэунэм зи къарум къэзыгъэгугъэ щIалэ екIухэр щепсыхырт, Гиподамие тхьэIухудыр псэгъу ящIыну щIэхъуэпсу. Я нэ къызыхуикIыр зрагъэхъулIэн папщIэ ахэр я псэ еблэжтэкъым.
И пхъум къылъыхъу псори Эномай IэщIэкIуадэрт. Адрейхэр IуигъэщтыкIын папщIэ иукIахэм я щхьэр къыпиупщIырти, уардэунэм и щIыхьэпIэм и деж щыфIидзэрт.
АрщхьэкIэ пащтыхьым и ерууагъым Пелопс къызэтригъэувыIакъым. Писэ и тепщэ гущIэгъуншэм ебзэджэкIыну абы мурад ищIащ. Эномай и шыгузехуэ Миртил ар щэхуу гурыIуащ шыгум и шэрхъыр езыгъэубыд Iунэр къричыну.
Зэзауэм щIидзэным и пэ къихуэу Эномай, сыт щыгъуи хуэдэу зэрытекIуэнум шэч къытримыхьэу, Пелопс и закъуэу ежьэну жриIащ. Малъхъэ хъуну хущIэкъум и шыгуузэдам зричащ. Эномай мыпIащIэурэ щыблэм я тхьэ Зевс къурмэн хуищIри, мафIэр къыIурихыу Пелопс кIэлъыщIэпхъуащ.
Мес иджы пащтыхь ерур и пхъум и лъыхъум лъэщIохьэ. Пелопс Пирс и тепщэм и шыхэм я бауэкIэр зыхищIэ хъуащ. Ар къызэплъэкIмэ, къелъагъу къыщыдыхьэшхыурэ къыхуэжэ Эномай и бжыр къызэрытришащIэр. Абдежым напIэзыпIэм пащтыхьым и шыгуузэдам и шэрхъхэм ящыщ зыр щIоцIэфтри, щхьэпредз. Эномай абы къохури еукI.
Пелопс гуфIэгъуэр зэрихьэу Писэ къэкIуэжащ. Гиподамие тхьэIухудыр щхьэгъусэ ищIри, абы Эномай и пащтыхьыгъуэр зыIэригъэхьащ икIи и текIуэныгъэм и щIыхькIэ Олимп Iуащхьэм спорт зэхьэзэхуэ щызэхиублащ. Зэпеуэхэр илъэсиплI къэскIэ зэ ирагъэкIуэкIыну мурад ищIащ.
НэгъуэщI хъыбарыжьхэм къыхощ Олимп Iуащхьэм щыщIалъхьа Зевс и адэ Крон и кхъащхьэм и деж зэдэжэнымкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIауэ. Ар къызэзыгъэпэщар езы Зевсу яIуэтэж. Апхуэдэу абы игъэлъэпIащ дуней псом и тепщэ зыщIа и адэм зэрытекIуар.
Геракл Авгие зэрыхигъэщIам и щIыхькIэ
Пасэрей зэманым нэхъыбэрэ яIуэтэжу щыта хъыбарыжьхэм ящыщт Олимп Джэгухэм щытекIуахэм я щIыхькIэ Пиндар зэхилъхьа уэрэдхэм къыхэщыжри. Абыхэм япкъ иткIэ, и еханэ лIыгъэр зэрихьэу Элидэм и пащтыхь Авгие и Iуэхэр игъэкъэбза иужькIэ, Геракл Олимпиадэ къызэригъэпэщащ.
Хъыбарыжьхэм къазэрыхэщыжымкIэ, Авгие егъэлеяуэ бейт. Псом хуэмыдэу абы и куэдт Iэщ хъушэхэр. Вэнвейм зэщIащта Iуэ къомыр зы махуэкIэ хуигъэкъэбзэну Геракл пащтыхьыр къигъэгугъащ. Абы къыпэкIуэу и хъушэхэм я Iыхьэ пщIанэр къритын хуейт.
Апхуэдиз лэжьыгъэр зы махуэм цIыху къарукIэ пхузэфIэгъэкIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Арати, Геракл бзаджагъэм хуекIуащ: Iуэм псы щIигъауэри, вэнвейр щIригъэлъэсыкIащ. Къилэжьар къыIихыжыну къыщыкIуэм, Авгие пащтыхьыр абы къыщIэгубжьэри, зыри къримыту къыдихужащ.
Геракл а Iуэхугъуэм хуабжьу иригубжьащ. Мурад ищIащ къытехьа лейр имыгъэгъуну. Дзэшхуэ здыщIигъури ар Элидэм теуащ икIи лъы куэд щагъэжа зэзауэм Авдие щиукIащ.
А текIуэныгъэм иужькIэ Геракл и зауэлIхэмрэ абыхэм зыIэрагъэхьа къуентхъымрэ Писэ къалэм и деж щызэхуишэсри, олимп тхьэхэм къурмэн яхуищIащ икIи Олимп Джэгухэр зэхиублащ. Ахэр илъэсиплI къэс зэ тхьэм фIыуэ илъэгъуа тафэм, Геракл оливэ жыгхэмкIэ езым къихухьам, щекIуэкIырт.
Тхыдэр щыхьэт тохъуэ
НэгъуэщI хъыбарыжь Iэджи щыIэщ, Олимпиадэхэм я къежьэкIэм теухуауэ. Абыхэм я нэхъыбэм тхыдэм и лъабжьэ лъэпкъи иIэкъым. АрщхьэкIэ щIэныгъэлIхэм я къэхутэныгъэхэр зэакъылэгъуу щыхьэт зытехъуэр зыщ – Олимп Джэгухэр дызэрыт эрэм и пэ IХ лIэщIыгъуэм зэхаублащ. А лъэхъэнэм зауэ хьэлъэ кIыхьхэм алыдж къэралыгъуэхэр зэхагъэщэщэжырт. Ахэр къезыгъэлын Iэмал гуэр къыхуэгупсын хуейт. Алыдж къэралыгъуэ цIыкIухэм ящыщ зы Элидэм, Олимп Iуащхьэр зыхиубыдэм, и пащтыхь Ифит гузавэри Iэзэ игъэплъэну Дельфэ щIыпIэм кIуащ. Ар хуейт зи зэфIэкIыр мащIэ щIыналъэ цIыкIум и цIыхухэр зауэм щихъумэну. Дельфэм щыпсэу Iэзэм абы чэнджэщ къритащ: «Тхьэхэр арэзы зытехъуэн Джэгухэр къызэгъэпэщ».
Къызэрысыжу Ифит и гъунэгъу къэралыгъуэ лъэщ Спартэм и пащтыхь Ликург и деж кIуащ. Элидэм и Iэтащхьэр дипломат бэлыхьу щытагъэнущ. Абы хузэфIэкIащ Спартэр и щIыбагъ къыдигъэувэу езым и хэкур зыми и унафэ щIэмыту икIи ныкъуэкъуэгъу зимыIэу игъэIуну. УвыIэгъуэ имыIэу зэзэуэж алыдж къэралыгъуэ цIыкIухэр абы арэзы техъуащ икIи зэи темыуэну зэгурыIуащ. Iуэхур щIигъэбыдэн, мамырыгъэм и телъхьэу зэрыщытыр псоми наIуэ ящищIын папщIэ Ифит тхьэлъэIу ищIри атлетикэ джэгухэр къызэригъэпэщащ, илъэсиплI къэс зэ Олимпым щекIуэкIыу. Аращ Олимп Джэгухэр къызытехъукIыжари. Ар къыщыхъуар ди эрэм и пэкIэ 884 гъэрщ.