НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 25, махуэку
 

Урысей Федерацэм СледствиемкIэ и органхэм я лэжьакIуэм и махуэщ
Урысейм псым къулыкъу щезыхьэкI полицэм и махуэщ
1886 гъэм
къалъхуащ Иорданием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, юстицэмкIэ министру, депутату, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Хьикмэт (МафIэдз) Умар.
1917 гъэм
къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Ахъмэт Мухьэдин.
1936 гъэм
къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академикыу щыта, Адыгейм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъут Шэмсэдин.
1948 гъэм
къалъхуащ АР-м и къэрал лэжьакIуэ, журналист, политикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор КIэрашэ Аслъэнбэч.
1949 гъэм
къалъхуащ географие щIэныгъэхэмкIэ доктор, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Болэ Владислав.
1972 гъэм
къалъхуащ АР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Шапсугия» газетым и редактор нэхъыщхьэ Ныбэ Анзор.
1983 гъэм къалъхуащ боксёр, Олимп джэгухэм жэз медаль къыщызыхьа, Урысейм бокс спорт лIэужьыгъуэмкIэ щIыхь зиIэ и мастер Хърачэ Мурат.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 26-рэ, жэщым градус 18 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ФызыфI гъэтIылъыгъэншэ хъуркъым.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ