НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 29, блыщхьэ
Къаплъэным и дунейпсо махуэщ
1941 гъэм
къалъхуащ щIэныгъэлI, адыгэхэм я мэкъумэш, ботаникэ щэнхабзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Хьэкъун Барэсбий.
1945 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист Сэхъутэ Нурбий.
1947 гъэм къалъхуащ Сирием щыщ дзэ къулыкъущIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, генерал-майор, СХьР-м и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Къэбэрдей Аднан.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 27-рэ, жэщым градус I6 щыхъунущ. ЩIым и малъхъэдис щытыкIэм балли 4-кIэ зихъуэжынущ. 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
IитIкIэ уи Iэр зыубыдыр уи щIыб щопсэлъэж.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

08.05.2026 - 13:44 НОБЭ
07.05.2026 - 07:43 НОБЭ
06.05.2026 - 15:50 Уахэм и тхьэмахуэ
06.05.2026 - 12:11 НОБЭ
05.05.2026 - 12:00 НОБЭ