Зэрызагъасэм кIэлъыплъащАлыдж-урым бэнэкIэ Адыгейм физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетым и унафэщI Догужьий Муратрэ Къэрэшей-Шэрджэсым физкультурэмрэ спортымкIэ и министр Узденов Рашидрэ иджыблагъэ Налшык щыIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам дэщIыгъуу ахэр кIэлъыплъащ «классикхэм» зэрызагъасэм икIи ялъэгъуахэмкIэ арэзы хъуащ. ШыщхьэуIум и 23-м Новосибирск щекIуэкIыну Совет Союзым и ЛIыхъужь Аксенов М.М. и фэеплъ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дунейпсо зэпеуэшхуэм абыхэм ерыщу зыхуагъэхьэзыр. Зэкъуэш республикищым я спортсменхэм къищынэмыщIауэ зи гугъу тщIы зэхьэзэхуэм хэтынущ Мордовие, Шэшэн, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм, Краснодар, Алтай крайхэм, Санкт-Петербург, Москва къалэхэм икIахэр.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




