ЦIыху миным щIигъу кърихьэлIатУрысей Федерацэм и зэхьэзэхуэ грэпплингымрэ грэпплинг gi-мкIэ Люберцы къалэм щызэхэтащ. Ди къэралым и щIыпIэ 55-м икIа спортсмен 1350-рэ абы кърихьэлIат. Кэбэрдей-Балъкъэрым икIахэм зэхьэзэхуэм медалибл щызыIэрагъэхьащ: зы дыжьынрэ домбеякъыу 6-рэ. ЛIэужьыгъуитIымкIи зэпеуэм къыщыхэжаныкIащ Мэкъуауэ Елдар. Зым етIуанэ увыпIэр, адрейм ещанэр абы щиубыдащ. Я хьэлъагъ елъытауэ ди республикэм и гуп къыхэхам домбеякъ медалхэр къыхуахьащ Джэрыджэ Тамерлан, Абрэдж Алмир, Ульбашев Асадуллахь, ПщыхьэщIэ Мухьэмэд, Къуэдз Алим сымэ. Ахэр ягъасэ Шыхъуэстэн Руслан, Юнус Рустам, Мэш Алим, Тхьэкъуахъуэ Мурадин.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




