НОБЭ

ШыщхьэуIум и 1, махуэку
 

Тхьэмбылым лышх узыфэр къемыуэлIэным хуэгъэпса дунейпсо махуэщ
УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я тылым и махуэщ 
Урысейм и Инкассаторым и махуэщ 
Япэ дунейпсо зауэм хэкIуэда урысей сэлэтхэм я фэеплъ махуэщ
Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ

1914 гъэм Урысейр Япэ дунейпсо зауэм хыхьащ. 
1924 гъэм Бэракъ Плъыжь орденыр къащтащ
1958 гъэм «Iуащхьэмахуэ» журналым и япэ номерыр дунейм къытехьащ.
1967 гъэм Бахъсэнрэ Тэрчрэ къалэ хъуащ.
1892 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м мэкъумэш IэнатIэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бырс Анзор.
1930 гъэм къалъхуащ тхакIуэ Къущхьэ СулътIан.
1938 гъэм къалъхуащ зэдзэкIакIуэ, критик, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛъапцIэрыщэ Хъалид.
1943 гъэм къалъхуащ юридическэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-мрэ ЭкологиемкIэ, цIыхум шынагъуэншагъэмрэ щIыуэпсымкIэ дунейпсо академиемрэ я академик, УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Шапсыгъ (КIэкIыхъу) Дамир.
1953 гъэм къалъхуащ Хэкум къэзыгъэзэжахэр жылагъуэм хэзэгъэжынымкIэ щадэIэпыкъу унэу Мейкъуапэ дэтым и унафэщI Бэрзэдж Убых (Нихьэт).

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 24 – 26-рэ, жэщым градус 21-рэ щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Фалъэм имыт икIутрэ?

 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.03.2025 - 11:59 НОБЭ
14.03.2025 - 14:08 НОБЭ
13.03.2025 - 09:00 НОБЭ
12.03.2025 - 10:22 НОБЭ
11.03.2025 - 09:25 НОБЭ