ШыщхьэуIум и 8, махуэку
♦Офтальмологием и дунейпсо махуэщ
♦Альпинизмэм и дунейпсо махуэщ
♦1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым унафэ ищIащ республикэм и къалащхьэм и къыдыхьэпIэхэм быдапIэхэр щаухуэну, щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIыну.
♦2008 гъэм Китайм и къалащхьэ Пекин къыщызэIуахащ XXIX гъэмахуэ Олимп джэгухэр. Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ абы чемпион щыхъуауэ щытащ адыгэ щIалэ Хъущт Аслъэнбэч.
♦1937 гъэм къалъхуащ балетмейстер Марыщ Заур.
♦1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Парламентым и депутат Къудали Мухьэмэд.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 - 27-рэ, жэщым градус 22-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Узылъыхъуэр лъапIэ мэхъу.