Президентым гъуэгу ирет
Урысей Федерацэм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэмрэ дэщIыгъужыныгъэхэмрэ хэлъхьэным и IуэхукIэ къэралпсо щIэупщIэныгъэр мэлыжьыхьым (апрелым) и 22-м екIуэкIынущ.
Къэралым и Президент Путин Владимир вэсэмахуэ Iэ щIидзащ Урысей Федерацэм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэмрэ дэщIыгъужыныгъэхэмрэ хэлъхьэным и IуэхукIэ къэралпсо щIэупщIэныгъэ зэрекIуэкIынум теухуа указым. Ар зытрагъэхуа мэлыжьыхьым и 22-р бэрэжьейщ икIи, дауи, лэжьэгъуэ махуэу щытын хуейт. АрщхьэкIэ къыхалъхьа Iуэхум и мыхьэнэшхуэр къалъытэри, цIыху нэхъыбэ къекIуэлIэн папщIэ ар зыгъэпсэхугъуэ ящIащ.
Къэралпсо щIэупщIэныгъэм УФ-м и цIыху балигъхэм жэуап щратын хуейщ «Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэмкIэ фыарэзы?» упщIэ закъуэм. Абы щыгъуэми зыфIэмытэмэмхэри щыIэщ къыхалъхьа зэхъуэкIыныгъэ къэс щхьэхуэу Iэ зэрамыIэтыр.
ХэхакIуэ Комиссэ Нэхъыщхьэм и унафэщI Памфиловэ Эллэ щыIущIам УФ-м и Президентым къыхигъэщащ щIэупщIэныгъэр щекIуэкIыну пIалъэр къимыгъэлъагъуэу указым Iэ тридзэ зэрымыхъунутэр. «АрщхьэкIэ абы къикIыркъым Iэмал имыIэу мэлыжьыхьым и 22-м Iуэхур зэфIэкIын хуейуэ, - жиIащ Путиным. - IэIэтыр щыщыIэнур коронавирусым ехьэлIа щытыкIэм Iэмал къыдитмэщ, армырамэ дгъэIэпхъуэми хъунущ».
Къэралым щыпсэум процент 70-м курыт хэхъуэ яIэ?
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир ТАСС хъыбарегъащIэ агентствэм и корреспондентым щепсалъэм жиIащ ди къэралым щыпсэум и процент 70-м курыт хэхъуэ яIэу.
Къэрал лIыщхьэм къыхигъэщащ апхуэдэу къилъытэнымкIэ лъабжьэ зэрыхуэхъуар Дунейпсо банкым и къэбжыкIэ Iэмалхэр. Абыхэм япкъ иткIэ курыт хэхъуэ яIэу къалъытэ лэжьапщIэу ягъэува нэхъ мащIэ дыдэм (МРОТ) нэхърэ зырэ ныкъуэкIэ нэхъыбэ къэзыхьхэр.
Путиным гу лъаригъэтащ Урысей Федерацэм МРОТ-р сом мин пщыкIузым зы мащIэкIэ зэрыщыфIэкIым. «Абы къыхэкIыу курыт классым хэдгъэхьэ хъунущ сом мин пщыкIублым нэс къэзылэжьхэр, - жиIащ абы. - Апхуэдэхэр дыдеж щыкуэдщ икIи процент 70-м щыщIегъур».
Абы щыгъуэми, УФ-м и Президентыр арэзы техъуэн хуей хъуащ курыт классыр дэтхэнэ къэралми зэрыщызэхуэмыдэм икIи Урысейм цIыхухэр зэрыщыпсэумрэ Франджым, Германием е США-м зыхуей зэрыщыхуэзэмрэ жыжьэуи зэрызумыгъэпщэфынум.
ШколакIуэхэм я IутIыжыгъуэщ
Гъатхэпэм и 23-м щыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 12-м пщIондэ хиубыдэу Урысей Федерацэм и школхэм зэрыщеджэнур зэпагъэунущ. Абыхэм я гъатхэ зыгъэпсэхугъуэхэр тхьэмахуищкIэ екIуэкIынущ.
«Апхуэдэу щыт пэтми, школакIуэхэр я унэм щIэсу егъэджэнымкIэ программэхэм зрагъэужьынущ, - жиIащ Урысей Федерацэм цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Кравцов Сергей. - АбыкIэ зыубгъуауэ къагъэсэбэпынущ Интернет Iэмалхэр».
Армырами, коронавирус уз зэрыцIалэм игъэгужьеяуэ еджапIэхэм емыкIуэлIэж сабийхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ а хъыбарым хуабжьу щыгуфIыкIащ. Псом хуэмыдэу я IутIыжыгъуэщ сыт хуэдэ щхьэусыгъуэм къыхэкIми школым мыкIуэ закъуэмэ зыфIэфI ныбжьыщIэхэм.
Урысейм къигъапцIэу Евросоюзым къелъытэ
ЩытыкIэр нэхъри къызэщIэгъэплъэным икIи къэралхэр зэкъуэудыным хуэунэтIауэ Европэм и зэгухьэныгъэм къыщохъу коронавирусым дунейм зэрызыщиубгъум ехьэлIауэ Урысейм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зэбрагъэххэр.
«Урысейм и къэрал, Кремлыр дэзыIыгъ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм соцсетхэм инджылыз, испан, итальян, нэмыцэ, нэгъуэщI бзэхэмкIэ из ящIащ коронавирусым ехьэлIа фейк (пцIы зезыхьэ) аккаунтхэр, - итщ Евросоюзым къэрал щIыб IуэхухэмкIэ и къулыкъу щхьэхуэм и докладым. - Нэхъапэм ахэр пцIы защIэкIэ тепсэлъыхьащ Сирием щыщыIэ щытыкIэм, Франджым «жилет гъуэжьхэм» зыкъызэрыщаIэтам, иджы коронавирусым ехьэлIауэ цIыхухэр ягъэщхьэрыуэ».
ХэIущIыIу ямыщIыщэу Евросоюзым и къулыкъущIэхэр щагъэгъуэзэн папщIэ а докладыр ягъэхьэзырауэ арат. «The Financial Times» газетым тхыгъэр зыIэригъэхьащ икIи и напэкIуэцIхэм къытридзащ.
Долларымрэ еврэмрэ рекордхэр ягъэув
Бэнкхэм зэдай Москва щыIэ биржэр махуэ зыбжанэ хъуауэ толъкъун къэукъубиям хуэдэщ. Сауд Хьэрыпымрэ Урысеймрэ зэращIылIа «щIыдагъэ зауэм» и зэранкIэ «дыщэ фIыцIэм» и уасэр хэпщIыкIыу ехуэхам и закъуэкъым, атIэ хамэ къэрал валютэри ди рублым нэрылъагъуу нэхъри ефIэкIащ.
Гъатхэпэм и 18-м и закъуэ зы еврэр 1 сомрэ кIэпIейкIэ 11-кIэ нэхъ лъапIэ хъуащ. Иджы апхуэдэ зыр дыдей 84,01-м хуагъакIуэ.
Нэхъ щIагъуэкъым долларым рублыр зэрыхущытри. Ари американ валютэм а зы махуэм кIэпIейкIэ 89-кIэ къыпикIуэтащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ иджы зы долларым пэувыфыр сом 76-рэ кIэпIейкIэ 33-ращ.
Гъатхэпэм и 20,
мэрем
•Насыпым и дунейпсо махуэщ
•Астрологием и дунейпсо махуэщ
•Франкофонием (франджыбзэм щрипсалъэ щIыналъэхэм я зэгухьэныгъэм) и махуэщ. Абы хохьэ къэрал 56-рэ.
•Социальнэ лэжьыгъэм и дунейпсо махуэщ
•Лы мышхыным и дунейпсо махуэщ
•1535 гъэм Урысейм япэ дыдэу ахъшэр щахъуэжащ.
•Илъэс бгъущI ипэкIэ Москва щыIэ авиацэ институтыр (МАИ) къызэIуахащ.
•1933 гъэм ВКП(б)-м и ЦК-м унафэ къищтащ Москва метрополитен щыухуэным и IуэхукIэ.
•1944 гъэм Дохъушыкъуей спирт заводым, зэрагъэпэщыжа нэужь, лажьэу щIидзэжащ.
•1992 гъэм «Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь» цIэмрэ «Дыщэ вагъуэ» медалымрэ ягъэуващ.
•Къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща Мусэ Менлы.
•1967 гъэм къалъхуащ композитор, Къэрэшей-Шэрджэсым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Абдокъуэ Юрэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 9-10, жэщым градуси 4-5 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи жьэ зэIумыщIэм, я гухэлъ зэрыщIэркъым.