НОБЭ

ШыщхьэуIум и 13, гъубж

♦Зи Iэ сэмэгур нэхъ зыгъэшэрыуэхэм я дунейпсо махуэщ

♦1908 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ТхьэкIушынэ Нухь.

♦1915 гъэм къалъхуащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Безрокъуэ Хужь.

♦1939 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Бэгъуэтыж Светланэ.

♦1947 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик Мэшыкъуэ Нуралий.

♦1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и къуажэ Iэтащхьэ нэхъыфIхэм ящыщу къалъыта Къуныжь Хьэчим.

♦1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Iэтащхьэу щыта, УФ-м ШынагъуэншагъэмкIэ Советым и Секретарым  и къуэдзэ КIуэкIуэ Юрий.

♦1963 гъэм къалъхуащ Урысей Федерацэм, КъБР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я артист Ташло Алий.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ.     Хуабэр махуэм градус 25 - 27-рэ, жэщым градус 19 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Убзэ зи хабзэм псалъэ и куэдщи, щхьэхынэм щхьэусыгъуэ и куэдщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

12.09.2024 - 15:41 НОБЭ
11.09.2024 - 15:10 НОБЭ
10.09.2024 - 07:24 НОБЭ
09.09.2024 - 12:34 НОБЭ