ШыщхьэуIум и 19, блыщхьэ
Сурэтым и дунейпсо махуэщ
Гуманитар дэIэпыкъуныгъэм и дунейпсо махуэщ
1942 гъэм Къардэн Къубатий Елъхъуэт (Осетие Ищхъэрэ) и деж бийм и кхъухьлъатитI къыщриудыхащ.
1931 гъэм къалъхуащ скульптор Уэзы Заурбэч.
1935 гъэм къалъхуащ КъБР-м, КъШР-м, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ БищIо Анатолэ.
1949 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэжэр Валерэ.
1954 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, УФ-м и таможнэ IэнатIэм и генерал-майор, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист, Дзэлыкъуэ районым и Iэтащхьэ Джатэ Руслан.
1965 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Роман.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 28-рэ, жэщым градус 19 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи дагъуэр къыбжезыIэр уифIщ, илъагъуу зыбзыщIыр уи бийщ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.