НОБЭШыщхьэуIум и 20, гъубж ♦1916 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м мэкъумэш хозяствэмкIэ и министру щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и агроном ЩауэцIыкIу Залымджэрий. ♦1919 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Хьэкъун Исуф. ♦1921 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Ерчэн Казимэ. ♦1972 гъэм къалъхуащ хэхэс адыгэхэм я литературэр зыдж, ЩIДАА-м член-корреспондент, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Чурей Дыжьын.
Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 - 30, жэщым градус 20 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Уи жыIэ уи IуэхукIэ гъэдахэ.
Поделиться:
Читать также:
12.08.2026 - 12:25 →
НОБЭ
11.08.2026 - 09:07 →
НОБЭ
07.08.2026 - 15:30 →
МащIэ пэтми, беягъэщ
07.08.2026 - 13:44 →
Нобэ
06.08.2026 - 09:49 →
НОБЭ
| ||




