Сайтиевым и саугъэтыр къехь
Олимп джэгухэм щэнейрэ щытекIуа Сайтиев Бувайсар и саугъэтыр бэнэкIэ хуитымкIэ къэхьыным хуэунэтIа 19-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Красноярск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. ЗэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ящыщу 25-м, хамэ къэрал 12-м я бэнакIуэ 250-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм зэхьэзэхуэм зэфIэкIыфIхэр къыщагъэлъэгъуащ. Псалъэм папщIэ, килограмм 45-рэ зи хьэлъагъхэр щыбанэ гупым я деж Бакъей Темболэт япэ увыпIэр къыщихьащ. КIэух зэпеуэм абы къыпэщIэтащ Тыва щыщ Кужугет Маадыр икIи зэIущIэм и бжыгъэр 8:6-уэ ар хигъэщIащ.
Елмэс Къантемыр етIуанэ щыхъуащ килограмм 71-м щыбанэхэм я деж. КIэух зэпеуэр абы иригъэхьащ Красноярск къалэм щыщ Худигов Хъызыр.
Кикбоксерхэр зэпоуэ
Налшык къалэм и махуэр ягъэлъапIэу, гупхэм кикбоксингымкIэ я зэпеуэ иджыблагъэ республикэм и къалащхьэм дэт ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ илъэс 14 - 18 зи ныбжь зэуакIуэхэр. Къалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ я гъусэу ар зэрекIуэкIам кIэлъыплъащ спортсмен цIэрыIуэхэр, депутатхэр, а спорт лIэужьыгъуэм дихьэххэр.
Гупхэм я зэпеуэм щытекIуащ Муртазей Амир (кг 36-рэ), Бэлэтокъуэ Имран (кг 54-рэ), ХьэщIэлI Iэдэм (кг 57-рэ), Къуныжь Идар (кг 57-рэ), Уэзрокъуэ Iэсхьэд (кг 60), Джангуразов Щамил (кг 63,5-рэ), Алъхъэс Астемыр (кг 63,5-рэ), Пэрыт Казимир (кг 63,5-рэ), Зияддинов Ибрэхьим (кг 75-рэ), Шыкъ Албэч (кг 91+).
Спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Къудейхэ Алимрэ Залымрэ, Куэшмэн Рустам, Саралидзе Айдин сымэ.
Кавказым и сабийхэр
ФокIадэм и 7 - 8-хэм Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щызэхэтащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) «Кавказым и сабийхэр» урысейпсо зэхьэзэхуэр. Абы щызэпеуащ зи ныбжьыр илъэси 10 - 17-хэм къриубыдэхэр, псори зэхэту цIыху 250-м щIигъу. Ахэр къикIат къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 11-м.
Зэхьэзэхуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медаль 15 къратащ: 11-р дыщэу, 1-р дыжьыну, 3-р домбеякъыу. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 42-рэ), Къумахуэ Рианэ (кг 46-рэ), ВакъащIэ Лие (кг 55-рэ), Хубуловэ Анжеликэ (кг 68+), Iусен Руслан (кг 37-рэ), Щоджэн Басир (кг 41-рэ), Iэтэбей Астемыр (кг 45-рэ), Iусен Къамболэт (кг 51-рэ), Iусен Дамир (кг 59-рэ), Бицу Къантемыр (кг 63-рэ), Къэзанш Къасболэт (кг 68-рэ) сымэ.
Гуп зэпеуэм япэ увыпIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм къихьащ, етIуанэр - Краснодар крайм, ещанэр Ростов областым.
Спортсменхэм я тренерхэр Ахъмэт Амир, Унэжокъуэхэ Абдельджэбаррэ Къантемыррэ, Тикаев Индрис, Уэзрокъуэ Анзор сымэщ.
МедалиплI зы зэхьэзэхуэм къыхах
СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп джэгухэм я чемпион Парфенов Анатолэ и фэеплъу Урысейм и Кубокыр алыдж-урым бэнэкIэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэпеуэ Новгород Ищхъэрэ областым и Бор къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 53-м я бэнакIуэ 500-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм медалиплI къыщихьащ. Илъэс 18 зи ныбжьхэм я деж и хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым (кг 71-рэ) бжьыпэр щиубыдащ Къудей Арсен. Джатэгъэжь Къаирбэч етIуанэ щыхъуащ килограмм 80-м щIигъухэр щыбанэ гупым. Къанкъул Темырланрэ (кг 65-рэ) Чыл Алихъанрэ (кг 71-рэ) ещанэ увыпIэр къахьащ.
ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Белгъэрокъуэ Эдуард, Чыл Аслъэн, Къарэ Хьид, Елчэпар Мурат, Нэгъуей Азэмэт сымэ.
СумомкIэ етIуанэщ
«Тенджыз ФIыцIэм и Кубокыр» сумомкIэ къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ Сочэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ спортсмени 100-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу абы хэтащ Бэджыдэ Рустам и гъэсэн Эттеев Азэмэт икIи и хьэлъагъкIэ щыбанэ гупым (кг 70) етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Ди лъахэгъум иригъэкIуэкIа зэIущIиплIым щыщу тIум щытекIуащ, тIум - къыщыхагъэщIащ.