Дунейм щыхъыбархэр

Мылэжьэгъуэу ягъэува зэманыр гъэкIэщIыным теухуауэ

УФ-м и Президент Путин Владимир къэралым и вирусологхэм ечэнджэщащ мылэжьэгъуэу къэралым щагъэува пIалъэр бгъэмащIэ хъун-мыхъуным теухуауэ.

Коронавирус узыфэм къэралым нэхъри зэрызыщиубгъум къыхэкIыу, мэлыжьыхь мазэр Урысей Федерацэм мылэжьэгъуэу зэрыщигъэувым теухуа унафэм Путин Владимир Iэ щIидзауэ щытащ мы мазэм и 2-м. ЦIыхубэм абы теухуауэ защыхуигъазэм, къэрал УнафэщIым къыхигъэщат, узыфэр яхуигъэкIуэтрэ щытыкIэр ефIэкIуэжмэ, а пIалъэр ягъэкIэщIынкIэ зэрыхъунур.
Путин Владимир дыгъуасэ видеоIэмалкIэ запищIэри, къэралым и вирусолог нэхъыфIхэм еупщIащ щытыкIэр зыхуэдэмкIэ, мылэжьэгъуэ зэманыр ягъэкIэщIыж хъунуми зригъэщIащ. Апхуэдэу Путиным щыгъуазэ зищIащ Правительствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм, сымаджэхэр гъэхъужыным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIхэм дохутырхэр арэзы техъуэ-темыхъуэм.
 «Микроб» Урысей щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, зи лэжьыгъэр емынэ узыфэм пэщIэтыным тегъэпсыхьам, и унафэщI Кутырев Владимир жэуап къритащ къэралым и Президентыр зыщIэупщIахэм. Абы къызэрилъытэмкIэ, зэкIэ пасэщ мылэжьэгъуэ пIалъэу ягъэувар гъэмэщIэным утепсэлъыхьыну. А Iуэхум зы тхьэмахуэ хуэдэ дэкIмэ ухэплъэ хъуну аращ, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, цIыхухэр мылажьэу унэм зэрыщIэсым кърикIуэхэр нэрылъагъу хъуа нэужьщ ар нэхъ IупщI щыхъунур.
ЦIыхухэр зэхэмыхьэну, щхьэж и унэ щIэсыну зэрагъэувам адэкIи тетын хуейуэ къелъытэ Кутыревым, сыту жыпIэмэ, вирусым пэщIэтынымкIэ абы икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЦIыху сымаджэр адрейхэм яхэмыхьэмэщ, имыцIалэмэщ узыфэм ущытекIуэнур. Дохутырым жиIащ пандемием зэрыпэщIэт щIыкIищ зэрыщыIэр: япэр - къафIэмыIуэхуу, абы зэрыхуэфэщэнкIэ щемыбэн щытыкIэр, етIуанэр - абы гувауэ яужь уихьэныр, ещанэр - узыфэм зиубгъуным нумыгъэсу, япэ уищу зыхуэфащэ къалэнхэр зэфIэбгъэкIыныр. Урысейр, Кутыревым къызэрилъытэмкIэ, иужьрей сценарийм тетщ. Ар зи фIыгъэр COVID-19-м и хъыбар къызэрыIуу, къэралым абы и нэIэ тригъэт зэрыхъуарщ, Китайм, нэгъуэщI къэралхэм абы зэрызыщиубгъум, дохутырхэм къагъэсэбэп Iэмалхэм зэрызыщагъэгъуэзарщ. Апхуэдэу жэуаплыныгъэ хэлъу Iуэхум зэрыбгъэдыхьам Iэмал къитащ узыфэр япэу къыщахута Китайм кърахыу ар УФ-м къамыхьынымкIэ.
Мэлыжьыхьым и 7-м ирихьэлIэу къата бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, Урысейм а узыфэр япкърыту цIыху 8672-рэ къыщахутащ, цIыху 58-рэ абы илIыкIащ, 580-рэ хъужащ.

Иджы Коневым и
фэеплъым деж нэсащ

Чехием и къалащхьэ Прагэ щыIуахыжащ Совет Союзым и Маршал Конев Иван и фэеплъыр. Зауэ гуащIэхэм хэту ар зи унафэщI советыдзэхэрт 1945 гъэм фашистхэр а къалэм къыдэзыхужар, Прагэ хуит къэзыщIыжар.

Пэжщ, фэеплъыр зэхакъутакъым, ар зытетам кърахьэхауэ аращ хьэлъэ къызэраIэт кранкIэ. Къалэ администрацэм зэрыщыжаIамкIэ, дзэзешэм и фэеплъыр щагъэувынущ «ХХ лIэщIыгъуэм и фэеплъхэр щахъумэ музейм», дяпэкIэ къызэрагъэпэщыну я мурадым.
Къалэ унафэщIхэм ящIам щхьэкIэ шхыдащ Чехием и президент Земан Милош. Абы къызэрилъытэмкIэ, ар емыкIущ икIи узыгъэпIейтейщ. Къэралым карантин мардэ зэрыщагъэувар къагъэсэбэпу зэхащIыхьахэм арэзы зэрытемыхъуэр ткIийуэ жиIащ абы.
Къэралым и президентым абы теухуауэ жэуап езытыжа, къалэ администрацэм и унафэщI Коларж Ондржей жиIащ коронавирусым ехьэлIа пандемие хабзэр къыхалъхьэным куэд иIэу абы тепсэлъыхьу фэеплъыр къалэм дэхыным нэхъ пасэу унафэ тращIыхьауэ зэрыщытар.
Маршал Коневым и фэеплъыр зэрыIуахар Урысей Федерацэм гулъытэншэу къигъэнэнукъым. Абы арэзы зэрытемыхъуэр къыщагъэлъэгъуа тхылъ хуагъэхьащ Чехием нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм.
«Урысейм къелъытэ ар ди къэралхэр зэныбжьэгъуным теухуауэ 1993 гъэм зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэм къыщыгъэлъэгъуахэр къызэпызыуду, - щыжаIащ УФ-м и посольствэу Чехием щыIэм. - Псалъэм папщIэ, Чехиер ебэкъуащ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр, апхуэдэу урысей зауэлIхэм я фэеплъхэу я Хэкум щагъэувахэр хъумэным, абыхэм якIэлъыплъыным теухуауэ къалэн зыщищIыжахэм. Республикэм и унафэщIхэм ар къафIэмыIуэхуми, фэеплъхэм езауэхэм урысей-чех зэхущытыкIэхэр зэIагъэхьэну яужь зэритыр нэрылъагъущ».
Коневым и фэеплъыр Iухыжын хуейуэ 2019 гъэм и фокIадэм къыщагъэувам, а зэманым УФ-м щэнхабзэмкIэ и министру щыта Мединский Владимир Коларж Ондржей нацистхэм я пашэу къилъытауэ щытащ. «Прагэр хуит къыщащIыжар Берлин и ужькIэт. Ар Iуэху джэгутэкъым. Абы зыщызыгъэбыда дзэм пэщIэуват Коневыр зи унафэщI армиер. Ди сэлэт мин 12 хэкIуэдащ Прагэ хуит къыщащIыжым. Абы папщIэ ди сэлэтхэм фIыщIэ къызэрыхуащIыр къагъэлъагъуэу, я къалащхьэм щагъэуват Конев Иван и фэеплъыр. Иджы зы щIыналъэм и старостэ гуэрым, нацистхэм я Iэтащхьэм, унафэ къещтэ фэеплъыр Iухыжын зэрыхуейм теухуауэ. Президент Земан Милош цIыху губзыгъэт, щIэныгъэ иIэти, жиIащ ар зэрыхабзэншагъэр икIи апхуэдэу пщIы зэрымыхъунур», - къыхигъэщат Мединскэм.
Фашизмэм зэрытекIуам и дамыгъэу ягъэувауэ щыта фэеплъыр иджы музейм щIэтыныр къемызэгъыу къэзылъытэ куэд исщ иджыри Чехием, ауэ абыхэм я псалъэ Iуэхур къезыхьэжьахэм зэхахыну, къэралри а къаугъэм хэIэбэну фIэщщIыгъуейщ.

Нобэ

♦Фашизмэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ. Илъэс къэс мэлыжьыхьым и 10-м дунейм и щIыпIэ куэдым ягу къыщагъэкIыж етIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым Ещанэ рейхым и дзэхэм яубыда къэралхэм исхэм ящыщу фашизмэм ебэнурэ хэкIуэдахэр.
♦Зэдэлъхузэшыпхъухэм я махуэщ
♦Азербайджаным щагъэлъапIэ УхуакIуэм и махуэр

♦1925 гъэм Царицынэ къалэм и цIэр Сталинград жиIэу зэрахъуэкIащ. 1961 гъэм абы Волгоград фIащащ.
♦1944 гъэм Одессэ къалэр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
♦1945 гъэм Иуан Хьэсэн Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
♦1964 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
♦1981 гъэм Москва къыщызэIуахащ Космонавтикэм и музей.
♦2010 гъэм Смоленск деж къыщехуэхащ Ту-154 кхъухьлъатэр. Абы иса цIыху 96-р хэкIуэдащ, Польшэм и президент Качиньский Лехи яхэту.
♦1847 гъэм къалъхуащ Америкэм щыщ журналист, а IэщIагъэм ирилажьэхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм папщIэ ират саугъэтыр зыгъэувауэ щыта Пулитцер Джозеф.
♦1897 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ бзэщIэныгъэлI Iэщхьэмахуэ Даут.
♦1919 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ артист, дирижёр цIэрыIуэу щыта Силантьев Юрий.
♦1927 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, журналист, фильм зыбжанэм я сценарийхэр зытха Липатов Виль.
♦1937 гъэм къалъхуащ совет усакIуэ цIэрыIуэ, УФ-ми СССР-ми я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Ахмадулинэ Бэллэ.
♦1942 гъэм къалъхуащ СССР-м щIыхь зиIэ и энергетик, Урысейм и ЕЭС-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и энергетик Хьэмыкъуэ Ахьмэд.
♦1952 гъэм къалъхуащ Урысей къэрал къулыкъущIэ, политик, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Явлинский Григорий.
♦1952 гъэм къалъхуащ Америкэм щыщ актёр цIэрыIуэ, айкидо спорт лIэужьыгъуэм и мастер, Урысейм и МИД-м ди къэралымрэ США-мрэ гуманитар зэпыщIэныгъэхэмкIэ и лIыкIуэ хэхауэ 2018 гъэм ягъэува Сигал Стивен. 2016 гъэ лъандэрэ ар УФ-м и цIыхущ.
♦1956 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марьянэ.
♦1958 гъэм къалъхуащ радиожурналист Гъурф Бэллэ.
♦1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Лу Рэмэзан.

Дунейм и щытыкIэнур

   «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 15, жэщым градуси 3 - 5 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Iэр бутхыпщIкIэ,
Iэбжьанэр пыхурэ?

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ