Ди шууейхэр псоми ятокIуэКилометр 500 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр шыхэмкIэ зэпычынымкIэ махуитху зэхьэзэхуэ Къэзахъстаным иджыблагъэ щекIуэкIащ. Шыгъажэм хэтащ Урысей Федерацэм, Къэзахъстаным, Къыргъызым, Венгрием, Тыркум, ЮАР-м, Ираным я командэ 17.
УФ-м и щIыхьыр яхъумэу абы щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууей гуп икIи, гъуэгу къапэщылъар зэпычыным, япэм зэи къэмыхъуауэ, зэман нэхъ мащIэ дыдэ трагъэкIуадэри, зэхьэзэхуэм щытекIуащ. Ди республикэм и шууейхэм километр 500 зи кIыхьагъ гъуэгуанэм сыхьэт 27-рэ дакъикъэ 58-рэ секунд 23-рэ трагъэкIуэдауэ аращ: зы сыхьэтым ику иту километр 17,87-рэ къакIуащ.
Шууейхэм ипэжыпIэкIэ зэпача гъуэгуанэм и кIыхьагъыр километр 508,7-рэ зэрыхъуар къэплъытэмэ, зы сыхьэтым ику иту километр 18,18-рэ абыхэм къызэранэкIащ. Адрей илъэсхэм мыбы щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм зы сыхьэтым къриубыдэу километр 16 нэхърэ нэхъыбэ шууейхэм яхузэпычатэкъым.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и шууейхэу чемпион хъуахэщ Чумаковэ Ксение, Вахитовэ Алинэ, Елизарковэ Марие, Даниленкэ Маргаритэ, Кривоносов Илья сымэ. Абыхэм я тренерыр Махуэ Iэхьедщ.
«Си гумрэ си псэмрэ къабгъэдэкIыу я текIуэныгъэ дахэмкIэ сохъуэхъу зэхьэзэхуэм щытекIуа ди шууейхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ. Узыншагъэ быдэ яIэну, насыпыр я Iэпэгъуу ехъулIэныгъэ инхэр куэдрэ иджыри зэIэрагъэхьэну си гуапэщ!» - захуигъэзащ абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Поделиться:
Читать также:
07.10.2024 - 14:23 →
Спортыр терроризмэм и бийщ
02.10.2024 - 12:05 →
Дунейпсо цIэрыIуагъ игъуэтащ
27.09.2024 - 14:37 →
Топджэгум цIэрыIуэ ищIа адыгэ щIалэхэр
25.09.2024 - 15:09 →
ЦIыху миным щIигъу щызэрихьэлIащ
24.09.2024 - 18:33 →
Спорт ухуэныгъэхэм - гулъытэ хэха
|