Ещанэ увыпIэр къахь![]() Зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ 16-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIухам хыхьэу Анапэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм мас-рестлингымкIэ я зэпеуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 8-м я спортсмен 50-м щIигъу.
Командэхэм я зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Я хьэлъагъ елъытауэ зыкъыщагъэлъагъуэ гупхэм Уэтэбей Иналрэ Ало Андемыррэ щытекIуащ. Дыжьын медалхэр къахьащ Бекъан Ратмиррэ Мэкъуауэ Ратмиррэ, ещанэ хъуащ Мамхэгъ Асир.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, ныбжьыщIэхэм зэзауэ зыхэт спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэхэр илъэс къэс ирагъэкIуэкI икIи Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм ящыщу 70-м я спортсмен мини 6-м нэблагъэ къызэщIаубыдэ. ЗэIущIэхэр спорт лIэужьыгъуэу 22-м щIигъумкIэ ирагъэкIуэкI.
Поделиться:
Читать также:
04.09.2026 - 15:32 →
ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр зэхуешэс
28.08.2026 - 13:30 →
Къасболэт екIуу утыку къокIыж
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
18.08.2026 - 13:43 →
Узыншагъэ быдэм и шэсыпIэ
16.08.2026 - 10:04 →
«Тэрчымрэ» «Логоваз»-мрэ зэдобакъуэ
| ||





