ФокIадэм и 13, мэрем
♦1919 гъэм къалъхуащ драматург, режиссёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, КъБР-м и цIыхубэ артист Тубай Мухьэмэд.
♦1934 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Шорэ Хьэсин.
♦1937 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Бицу Георгий.
♦1941 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Джыназ Борис.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 19 - 23-рэ, жэщым градус 18 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Благъэжь бий умыщIи, псы жапIэжь унэ тумыщIыхь.