Мэрем пшыхь

Дэ къытхуатх
Нащ и ущиекIэ

ЦIыху гъащIэ къигъэщIащ, хужаIэу, Нащ и ныбжьыр хэкIуэтами, къэзыцIыхухэм ягъэщIагъуэу, зи щIалэгъуэхэми абыкIэ къахэжаныкIыу, дуней къэхъукъащIэхэм кIэлъыплърейт. Ауэ аратэкъым гъэщIэгъуэныр. Нэхъ гъэщIэгъуэныр Нащ и цIыху ущиикIэрат. ЦIыхур дунейм щытеткIэ, зытет дунейм къыщыхъури щекIуэкIри ищIэну и къалэнщ. Дэтхэнэ зыми ещхьу, Нащи къэхъуа-къэщIахэр зригъащIэрт, имыщIэу зыгуэр зэрыблимыгъэкIыным хуэсакъырт. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр зи щIалэгъуэ, зи зэманыгъуэхэм ефIэкIрэ абыкIэ, жыпIэну газет, журнал, тхылъ еджэрейт хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ зимыгъэнщIу. Газет къыIэрыхьамэ, итыр къримыджыкIауэ игъэтIылъынутэкъым. ТелевизоркIэ хъыбарыщIэ, дунейм щекIуэкIыр къимыщIэу блигъэкIынутэкъым, нэгъуэщI нэтын щыIэми зригъэхьэлIэрт.
Зи ныбжьыр нэсу тIысыжа лIыжьым лэжьыгъэкIэ къыщыгугъыжIатэкъым, ауэ езыр Iэпкълъэпкъ мыгъэпсэхут, псэ мызагъэт, цIыху жанти, сытми хунос, хужыпIэну пщIантIэм дэлэжьыхьырт, хузэфIэкI ищIэу. Абы щыгъуи, къэхъуа-къэщIахэм телевизоркIэ щыкIэлъыплъынумрэ унагъуэ Iуэху щигъэзэщIэнумрэ зэблигъэкIырт, зэманкIэ зэтримыгъахуэу. Зыгуэр еджэнумэ, езыр щыхуейм къищтэрт. Нащ къэзыцIыхухэм зэрыжаIэти, абы и махуэхэр IуэхукIэ гъэнщIат, зэман лей имыIэу. Гъунэгъухэми ящIэрт Нащ и дуней тетыкIэмрэ и Iуэху гъэпсыкIэмрэ. ЯщIэми, ягъэщIагъуэми, зыкъыхуагъазэу зыри къыжраIэртэкъым, ди Iуэхуу сыт хэлъ, жыхуаIэу. Ауэ зы унагъуи хьэблэм дэстэкъым Нащ и псэукIэм темыпсэлъыхьу. Хэт жиIэрт Нащ щапхъэ техын, абы хуэдэу, сыт и лъэныкъуэкIи Iуэхум ухуэIэижьу щытын хуейуэ, къэхъу щIэблэр апхуэдэхэм дэгъэплъеипхъэу. «И лIыжьыщхьэ зезыхуэр лIо, зигъэтыншу сыт щIыщымысыр?» - жаIэрт зыгуэрхэми.
Нащ и Iуэхум гъэщIэгъуэн гуэри хэлътэкъым. Абы къилъытэрт дунейм щытеткIэ, абы къыщыхъухэм щыгъуэзапхъэу, къэхъу щIэблэр абы щIэпIыкIын хуейуэ.
Хьэблэдэсхэр щэхуу лIыжьым зэрытепсэлъыхьыр зэхимыхыжу къанэртэкъым Нащ и щхьэгъусэ ТIасэ. ЦIыхум жаIэм фызыр тIуащIэу егупсысырт: «Мы лIыжьыр яфIэделэу ара, и акъылыр зэкIуэкIа я гугъэу, хьэмэрэ щIалэгъуалэм я къэкIуэнум зэрытегузэвыхьыр къагурыIуэрэ?» - жиIэу.
Iэпкълъэпкъ мызагъэу зэрыщытым, куэд хузэфIэмыкIыжми, зыгуэрхэр ищIэну зэрыхэтым щхьэкIэ, «нэпсей» хужыпIэнуи, Нащ нэхъыбэ зиIэм ехъуапсэртэкъым. ЗэрищIэжрэ, и гъащIэр лэжьакIуэшхуэу ихьати, иджы Iуэхуншэу тIысыжыфыртэкъым. Дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэр зригъэщIэну и нэ къызэрикIым щхьэкIэ, и ныбжь здынэсам, а псор зэрищIыжынур сыт, къыхужызыIэхэми яритын жэуат иIэт Нащ. ЛIыжьым и Iуэхур тэмэму къыгурыIуэми, цIыхум къажьэдэкIыу зэзэмызэ и тхьэкIумэ къиIуэхэм зэгуигъэп ТIасэ щхьэгъусэм жриIэрт:
 - Узезыхуэр сыт, лIыжь? Уи жьыщхьэ уи махуэхэр тыншу щхьэ умыгъакIуэрэ? «Зыгуэр щIэ», - жиIэу хэт къодауэр? Хьэмэрэ, дунейм щекIуэкI псори умыщIэну Iэмал имыIэу ара? Набгъэ ухъуарэ пэт, уи газет, тхылъ еджэныр щыбгъэтыркъым. Уэ абыкIэ пщIэжынур сыт, къодэуэнури къоупщIынури хэт? Уи щIалэгъуэм плъэгъуар урикъунущ цIыхум яжепIэжыну, - жиIэрт ТIасэ, лIыжьым и щхьэ игъэтыншу и жьыщхьэ тIысыжмэ нэхъ къищтэу. - Уэ узыхэтым хуэдизым зрагъэлIалIэркъым уэ нэхърэ нэхъыщIэхэми. Я щхьэ зэрагъэтыншын иужь итщ псори.
 - «Я щхьэ зэрагъэтыншынщ», жыпIа, зэрахуэр? ГъэщIэгъуэни ар! Я гур лэжьыгъэм хэмыхьэу… Я бын яхуэмыпIыжрэ, я щхьэр зыхуей хуамыгъэзэжыфу, щхьэхынэу цIыхур къэбгъэхъуну ара? Нэхъыжьым дилъагъуращ нэхъыщIэм ищIэжынур. Нэхъыжьым зэрихьэ Iуэхуращ нэхъыщIэм и плъапIэр. Дэ зэрыдгъасэщ нэхъыщIэр зэрыхъунур, къыддэплъеинущ, - жеIэ Нащ, зэхихар игъэщIагъуэу. - Я щхьэр зэрагъэтыншын… Апхуэдэ гупсысэ фIэкIа цIыхум имыIамэ, псэуфыну пIэрэт? Аращ сэ сызэджэхэм губзыгъагъэу къыхэсхыр - цIыхур псэун щхьэкIэ гупсысэн, лэжьэн зэрыхуейр… ИтIанэ... Нэхъыжьым игъэлъагъуэращ нэхъыщIэм ищIэжынур. Нэхъыжьым нэхъыщIэр сыт хуэдэ IуэхукIи дэплъей хабзэщ. Пэжу, сыт сщIэжын сэ тхылъкIи газеткIи? Ноби пщэдеи сэ си пIалъэр? Ауэ сэракъым Iуэхур зытеухуар. Уэ уегупсысрэ нэхъыжьым игъэлъагъуэ щапхъэм нэхъыщIэр зэрырикIуэм? Дэ ди быныр Iейми фIыми зыдалъагъунур сэращ е уэращ. ЛэжьыгъэкIэ батэр сэ згъэшыжыркъым, ауэ солъагъу ди нэхъыщIэхэр нэхъыжьым дэплъей зэпыту къызэрытэджыр. ЩIэблэм дежкIэ нэхъапэр лэжьэкIэ ящIэрэ щIэныгъэм хуэпабгъэу къэтэджынырщ. Къысхуэнэжа гъащIэм сэ щIэблэм яхуэсщIэжыфынур аращ.
Абы иужькIэ, зи бын зыущийхэм «Нащ и ущиекIэ» жаIэу къахуэнауэ хьэблэм дэлъащ зыкъомрэ икIи ар цIыхум сэбэп яхуэмыхъуу къэнакъым.

Нэхущ  Хьэжпагуэ.

ГушыIэ
Емысыфхэр-щэ?

Зы беижь гуэрым и пщIантIэм псыгуэн щригъэщIырти, ухуакIуэхэм захуигъазэри жиIащ:
- И инагъкIэ зэхуэдизу псыгуэнищ дэфщIыхь пщIантIэм. Зым псы хуабэ ивгъахъуэ, адрейм псы щIыIэ ивгъахъуэ, ещанэр нэщIу щывгъэт.
- Псы хуабэрэ щIыIэрэ зэрытынухэр къыдгуроIуэ, ауэ зыри зэрымытымкIэ сыт пщIэнур? - жаIэри ухуакIуэхэр щIэупщIащ.
Беижьым:
- Си хьэщIэхэм псым емысыф къахэкIмэ-щэ?

Фэ фщIэрэ?
Мэз дохутыр

«И цIэм хуэдэщ и щхьэри», - зыхужаIэм хуэдэщ жыгыуIур. Абы теухуауэ зыри умыщIэу щытми, и цIэр зэхэпха нэужь, жыгым Iэзэу Iуэху куэд къызэрыхищIыкIыр къыбгурыIуэнущ. ЖыгыуIур адрей бзухэм ещхькъым. Абы щхьэхуэу зы псэукIэ иIэщ. Гъэмахуэми щIымахуэми мэзым щопсэу ар, жыг лъэдийм тоуIуэ.
Алыдж IуэрыIуатэм мыпхуэдэу къыхощ: «ЖыгыуIум уэшх къригъэшхыну жыгей лъэдийм тоуIэ, ар мазэм къызэхехри, уэшх кърегъэшх».
Ауэ ар пэжкъым. Ар жыг лъэдийм щIытеуIэр уэшх къригъэшхыну аракъым икIи теуIэ къудейкъым. ЖыгыуIум и пэр бдзым хуэдэщ. Апхуэдэ IэмэпсымэхэмкIэ жыгыр къреугъуэныкI, сантиметри 8 - 10 хуэдизын абгъуэ ищIыну. Абгъуэм и кIуэцIыр куууэ къретIыкI, хуиту абы щыпсэуну икIи и джэдыкIэхэр щигъэтIылъыну.
КъищынэмыщIауэ, абы жыгыфэ щIагъым щэлъ хьэпIацIэ шырхэр, жыгыфэрышххэр къыщегъуэт. ЖыгыуIур нэхъыбэу жыгыфэ сымаджэрэщ зэтеуIуэр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар нэхъ пхыудыгъуафIэщ.
ЖыгыуIум и бзэгур кIыхьщ, папцIэщ, и пэ дыдэм цы пхъашэ тетщ, хьэмбылум ещхьу. Жыгыфэр гъуанэ ещI, абы и бзэгур щIегъэлъадэри, сыт хуэдэ хьэпIацIэри къыщIех. Абы хьэпIацIэ куэд кърехьэлIэ шыр щиIэм деж.
ХьэпIацIэхэмрэ жыгыфэрышххэмрэ я закъуэкъым абы и ерыскъыр. Абы щIымахуэм ишхыну дэ, къыпцIэ, мышхумпIэ хуэдэ пхъэщхьэмыщхьэхэри егъэтIылъ. Псом хуэмыдэу жыгыуIум жыгхэм зэран яхуэхъу хьэпIацIэ куэд къакIэрех. Аращ абы «мэз дохутыркIэ» щIеджэр.

АПАЖЭ Ахьмэд и усэхэм щыщ

    ГъащIэм и дерсхэр

***
Псалъэр кIэщIрэ купщIафIэм,
Къару иIэщ, хуэдэу мафIэм.
Псалъэр кIыхьрэ кIэлъэфым,
Ещхьщ дэкупщIэ нэфым.

Хьэлэмэтыщэу лъэщщи псалъэм и къарур,
Абы къеIуатэр гупсысэм я нэхъ куур.
Пхуэмылъытэну инщи псалъэм хузэфIэкIыр,
Абы къыптрегъакIэр дамэ е уеукIыр.

***
ЩымыIэу щытми уэ нэхъ Iущ,
ЦIыхум уащIыфыр гуитIщхьитI.
Ауэ гуитIщхьитIыр сытым щыщ,
Уэ умыхъу закъуэмэ напитI!

***
УцIыхуу, пхэлъу пагагъэ,
Зыбгъэдэмылъым къуаншагъэ
КIэлъызепхьэным напэншагъэ -
СщIэркъым сэ щыIэу нэхъ икIагъэ!

***
Ещхьыну хуейкъым зыри кхъуэм,
Яхьынуи фIэфIкъым зыми кхъэм.
Ауэ упсэу нэхърэ хуэдэу кхъуэм,
НэхъыфIщ уахьыжмэ пасэу кхъэм!

***
Мылъку фIэкIа зымылъагъуж тхьэмыщкIэ,
Апхуэдизу диным щхьэ уикIа?
Псори иIэу зэрыкъулейм щхьэкIэ
Уэ плъэгъуа ажалым IэщIэкIа?

***
«СхузэфIокIри нобэ…» - жыпIэу,
Си къуэш, узэмыкIуэкI.
ЩыкIа куэдым къащIэныжу
Мы дунейр къокIуэкI.

***
Нэхъыбэ къыхэзымыхыфым и махуэ мыгъуэу,
Нэпсейуэ нобэ куэдым, лей куэд зралъэфалIэ.
Ауэ сыту гуауэ - а псори къыщIэныжауэ,
Иримыкъуж тхьэмыщкIэр къытохуэри малIэ.

***
ЦIыху хьэлэлыр, делэм пэпщIу,
Зэи утемыгушхуэ.
Уэ уи гугъэм щыщымыIэу
КIуэцIылъщ абы гушхуэ!

***
КъызэритIасэм хуэдэу и акъылым
Мэпсэу дэтхэнэ зыри зэрылъэкIкIэ,
Ауэ щыпщIэжкIэ узэрещхьыр хьэкIэмэлым,
Щхьэ уефыгъуэн хуей уэ нэгъуэщI къофIэкIкIэ?!

* * *
Уэ лIыгъэ пхэлъмэ, умыдзыхэу,
Зэманыр гугъуми, декIуэкIыф.
Абы дапщэщи зыхуэфащэм
Хуэфащэ пщIэр лъегъэсыжыф.

* * *
Уэ нэгъуэщIым хуэпщIмэ пщIэ,
Уи щхьэщ зыхуэпщIыжыр.
Куэдми мащIэми фIыуэ пщIэм
 И уасэщ бгъуэтыжынур.

* * *
Ныбжьэгъу пэжым нэщхъеягъуэр
КъыпщещIыр псынщIагъуэ.
Жагъуэгъу бзаджэм уи гуIэгъуэр
Къыщохъу дэрэжэгъуэ.

* * *
ЦIыхубзым и жьэр мыгъуэм,
УхэкIыжащ тыншыгъуэм.
Хьэгъапхъэр уи пэшэгъум,
Шыгъу дыуигъэшхынщ фошыгъум.

* * *
«Щыблэр зэуэн!» - жызыIэу псоми ебгыу,
Фызабэ ябгэу дэсар хьэблэм,
Езыр гуузу иукIыжащи щыблэм,
Дерс яхурехъу ар къуажэ щIэблэм.

* * *
«Iуэху мыублэ блэ хэсщ», -
ЖаIэр псалъэжь пэжу.
Ди хьэблэм щIалибл дэсщ,
Ефэн яублэм зэзэуэжу.

* * *
ЛэжьэнкIэ бжьэхэм хэт пэхъун,
Ахэр мычэму фо мэлъыхъуэ.
Ауэ «дыгъужьыр» пщIауэ мэлыхъуэ,
Уи хъушэм щынэ къащIэхъуэн?

* * *
Куэд и уасэщ ныбжьэгъу пэжыр.
Пэж жызмыIэр - ар цIыху нэпцIщ.
Щэм къахэкIми зыгуэр пэжу,
Адрей бгъущIрэ бгъур - тхьэгъэпцIщ.  

И чэзущ
Коронавирусыр хьэуам щызэрыцIалэкъым

Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и сайтым кърилъхьащ:
***
COVID-19 вирусыщIэр хьэуам щызэрыцIалэу жаIэу хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къатхэм, ятххэм лъабжьэ яIэкъым. Сымаджэ хъуар здэщыта щIыпIэм деж сыхьэт бжыгъэкIэ хьэуар «щыфIейуэ», абдеж цIыху узыншэ къыщыхутэрэ хьэуа жьэдишэмэ, коронавирусыр къеуалIэу социальнэ сетхэм къратхэхэм фемыдаIуэ. Апхуэдэ къэхъункIэ Iэмал иIэкъым.
***
IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, узым зэрызиубгъур Iупс ткIуэпсхэмкIэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сымаджэр къепсмэ, е псчэмэ и жьэм къыжьэдэкIынкIэ хъуну ткIуэпсращ укъызыцIэлэнур. Ари зы метр нэхърэ нэхъ мащIэкIэ убгъэдэту щытмэ.
***
Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм щыжаIащ: вирус зыхэс Iупс ткIуэпсыр хьэлъэIуэщ хьэуам зыщиIэжьэну, ар занщIэу йотIысэх. Абы къыхэкIыу, сымаджэр зрикIуа лъагъуэм урикIуэкIэ, ар здэщыта щIыпIэм укъыщызэтеувыIэкIэ, коронавирусыр къэбубыдынукъым.
***
IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, узыр къэбубыдынущ вирусыр къызэуэлIа сымаджэр и Iэм Iупс кIэрылъу ар зэIуса гуэрым уэри уеIэбмэ. Абы къыхэкIыу, ди Iэхэр сыт щыгъуи ттхьэщIын хуейуэ дохутырхэм дыкъыхураджэ.
***
КъэхутакIуэхэр щыхьэт зэрытехъуамкIэ, коронавирусыр языныкъуэ щIыпIэхэм сыхьэт бжыгъэкIэ уеблэмэ махуэ зыбжанэкIэ щопсэу. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, гъущIым - сыхьэти 4-кIэ, тхылъымпIэ Iувым - сыхьэт 24-кIэ, пластикым, гъущI мыулъийм махуищкIэ зыщиIэжьэфынущ. Апхуэдэ дыдэу щытащ 2003 гъэм екIуэкIа эпидемиер къэзыгъэхъея SARS коронавирусыр.
* **
Щыгъыным кIэрысыфыну вирусыр? Гонконг щрагъэкIуэкIа лабораторэ къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, щыгъыным коронавирусыр къыщызэтеувыIэнкIэ Iэмал иIэкъым.

Дохъушокъуэ Синэ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ