ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР

Нэхъапэм щыIа уасэхэм дыхуэкIуэжыфыну?

ЩIыдагъэм и уасэр дунейм хэпщIыкIыу зэрыщехуэхам къыхэкIыу бензинымрэ нэгъуэщI гъэсыныпхъэхэмрэ я уасэри ди къэралым нэхъ мащIэ щыщIын хуейуэ къыщыхалъхьащ УФ-м и Къэрал Думэм. Мы зэман гугъум ар цIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм ящыщ зыуэ къэбгъэсэбэп зэрыхъунур къыхагъэщащ депутатхэм. ЭнергетикэмкIэ комитетым хэт Шеремет Михаил къыхилъхьа жэрдэмым цIыхухэр зэрыщыгуфIыкIынум шэч хэлъкъым.

«Гъэсыныпхъэ игъэхъуапIэхэм щащэ бензинымрэ биржэхэм щащэ сырьемрэ я уасэхэр зэрызэхуэмыхъур гурыIуэгъуэщ, - жиIащ абы. - Апхуэдэу щыщыткIэ, цIыхухэм иращэ гъэсыныпхъэм и уасэр тхуэгъэмащIэмэ, абыкIи сэбэп дахуэхъуфынущ мы зэман зэхэзэрыхьам игъэгузавэхэм. Бензиным и уасэр тхуегъэхмэ, ди ерыскъыпхъэхэм я уасэри нэхъ мащIэ хъужынущ, сыту жыпIэмэ ахэр къэралым щызэбгрышыным мылъкушхуэ токIуадэ».
- Хьэрычэт IэнатIэми жэуаплыныгъэшхуэ и пщэ къыдохуэ дуней псом и дежкIэ гугъуу щыт мы лъэхъэнэм, - къыхигъэщащ Шеремет.
Бензин уасэр зэрыдэуеям нэхъ пасэу тепсэлъыхьат УФ-м и Президент Путин Владимири. Правительствэм хэтхэм щаIущIам абы къыхигъэщащ а Iуэхур я нэIэм ткIийуэ щIэтын зэрыхуейр.
«92-нэ жыхуэтIэ бензиныр илъэсым къриубыдэу проценти 10-м щIигъукIэ нэхъ лъапIэ хъуащ. Гъэсыныпхъэм и уасэр инфляцэм нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэщ. Иджыпсту щIыдагъэр хуэдитIкIэ нэхъ пуд щыхъуащ абыкIэ сату щащI щIыпIэхэм. Нэхъапэм щыIа уасэхэм дыхуэкIуэжыфамэ фIыт», - жиIащ къэралым и Президентым.
Гъэсыныпхъэм мы зэманым псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ мэкъумэшыщIэхэм я дежкIэ – губгъуэ лэжьыгъэхэр и пIалъэм зэфIэгъэкIыныр абыи куэдкIэ елъытащ. Ари гулъытэншэу къигъэнакъым Путин Владимир икIи къэралым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрий пщэрылъ щищIащ абы и нэIэ тригъэтыну.

ТанкыщIэр яIэрохьэ

УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм яIэрыхьащ ирагъэфIэкIуа Т-90М танк лIэужьыгъуэр, «Прорыв» зыфIащар.

КъухьэпIэ дзэ округым и унафэщI, генерал-лейтенант Кисель Сергей зэрыжиIамкIэ, IэщэщIэр къаIэрыхьэу хуежьащ мэлыжьыхьым и пэщIэдзэм щегъэжьауэ. Ар къызэрагъэсэбэп щIыкIэм хурагъэджащ округым и япэ гвардейскэ танкыдзэм къулыкъу щызыщIэхэр. Абы зэрыжиIамкIэ, дызыхуэкIуэ щIымахуэм ирагъэкIуэкIынущ абыхэм я зэфIэкIыр нэхъ тэмэму къыщапщытэну зыгъэсэныгъэхэр.
А танк лIэужьыгъуэр къытращIыкIащ Т-90А жыхуаIэм. Ар япэрейм къыщхьэщокI лъэныкъуэ зыбжанэкIэ, псалъэм папщIэ, и ихьэпIэр ирагъэфIэкIуащ, зэрызихъумэж Iэмалхэр нэхъыбэу иIэ хъуащ, и моторри нэхъ лъэщ ящIащ.
ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм ирищIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ ар щызэпкъралъхьэ «Уралвагонзавод» IуэхущIапIэм. Абы и IэщIагъэлIхэм къызэрыхагъэщамкIэ, Iэщэ лIэужьыгъуэщIэр къэпщытэныгъэ псоми пхыкIащ икIи ар армэм хурагъашэ зэгурыIуэныгъэм щыубзыхуа пIалъэм тету.

Нобэ

♦Щэнхабзэм и дунейпсо махуэщ
♦Экологием теухуа щIэныгъэхэм я махуэщ
♦Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я радиоэлектроннэ дзэхэм я IэщIагъэлIым и махуэщ
♦Къэзахъстаным щагъэлъапIэ зэгуэкIуахэм я махуэр
♦Босниемрэ Герцеговинэмрэ Республикэм и армэм и махуэщ
♦Ингуш Республикэм и къалащхьэ Магас и махуэщ. КъалащхьэщIэр илъэс 25-рэ ирокъу.
♦Украинэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Куржым щагъэлъапIэ лъагъуныгъэм и махуэр
♦1395 гъэм Тамерланрэ Тохъутэмыщрэ я дзэхэр Тэрч и деж щызэзэуащ.
♦1795 гъэм Литвар Урысей империем гухьащ.
♦1834 гъэм Урысей император Николай Езанэм и унафэкIэ зэхуащIыжауэ щытащ «Московский телеграф» журналыр. Ар 1925 гъэ лъандэрэ къыдэкIырт.
♦1865 гъэм яукIащ США-м и президент Линкольн Авраам.
♦1929 гъэм СССР-м къыщащтащ цIыхур жьы хъуа нэужь къэралым пенсэ хуигъэувыным теухуа хабзэр.
♦1935 гъэм Испанием и Компартыр къызэрагъэпэщащ.
♦1945 гъэм Британием и дзэхэм хуит къащIыжащ Берген-Бельзен нэмыцэ гъэрэщым исахэр. Зауэ зэманым абы икIуэдащ цIыху мин 50-м щIигъу.
♦1951 гъэм Лондон щекIуэкIащ «Дуней псом щынэхъ дахэ пщащэ» япэ зэпеуэр. Абы хэта хъыджэбз 30-м я нэхъ дахэу къалъытар Швецием щыщ Хааксон Кикит.
♦1989 гъэм Шеффилд къалэм и «Хиллсборо» стадионым Инджылызым и Кубокыр къэхьыным теухуауэ екIуэкI топджэгу зэхьэзэхуэм еплъыну къекIуэлIахэм ящыщ цIыху 96-рэ хэкIуэдащ. Абы и финал ныкъуэ Iыхьэм щызэIущIэрт «Ливерпуль», «Ноттингем Форест» командэхэр. Стадион ихьэпIэм зэрыIугуа цIыхухэр зэрыпIытIыжынкIэ гузавэри, зэпеуэр къызэзыгъэпэщхэм ахэр псори ирагъэхьащ, ауэ абыи щихъумакъым гузэвэгъуэм - зэIущIэм щIидзэри дакъикъих фIэкIа дэмыкIауэ джэгур къагъэувыIэн хуей хъуащ.
♦1452 гъэм къалъхуащ Италием щыщ сурэтыщI щэджащэ, щIэныгъэлI цIэрыIуэ, зи IэдакъэщIэкIхэр нобэми цIыхухэм яфIэтелъыджэ Леонардо да Винчи.
♦1684 гъэм къалъхуащ 1725 - 1727 гъэхэм Урысейм и унафэр зыIэщIэлъа, Пётр Езанэм и етIуанэ щхьэгъусэу щыта Екатеринэ Езанэр.
♦1886 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, критик Гумилёв Николай.
♦1912 гъэм къалъхуащ Корее Ищхъэрэм и къызэгъэпэщакIуэ икIи абы и япэ унафэщI Ким Ир Сен.
♦1921 гъэм къалъхуащ совет космонавт, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Береговой Георгий.
♦1933 гъэм къалъхуащ тхакIуэ цIэрыIуэ, фильм куэдым сценарийхэр яхуэзытха Стругацкий Борис.
♦1938 гъэм къалъхуащ Италием щыщ актрисэ цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Кардинале Клаудие.
♦1934 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Слъон Лудин.
♦1941 гъэм къалъхуащ совет кинорежиссёр, продюсер, Украинэм и цIыхубэ артист Балаян Роман.
♦1949 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, композитор-уэрэдус, СССР-м и цIыхубэ артисткэ, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зрата Пугачёвэ Аллэ

♦1960 гъэм къалъхуащ Бельгием и пащтыхь Филипп.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 21 - 23-рэ, жэщым градуси 7 - 11 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Iыхьлы  зимыIэм  и  жыгым  IэплIэ  ирешэкI.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ