Дунейпсо цIэрыIуагъ игъуэтащ

Адрейхэм елъытауэ, пауэрлифтингыр спорт лIэужьыгъуэщIэщ, ауэ дихьэххэм я бжыгъэм махуэ къэс хэхъуэ зэпытщ. Абы ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрызыгъэхьахэм ящыщщ Европэм щэнейрэ и чемпион, дуней псом тIэунейрэ щытекIуа, ЩIы хъурейм и кубокыр къэзыхьа Хъуажь Юрэ. Къыщалъхуа махуэр абы жэпуэгъуэм и 2-м егъэлъапIэ.

Юрэ Адыгейм и къалащхьэм 1970 гъэм къыщалъхуащ. Адрейхэм къазэрыщхьэщыкIышхуи щымыIэурэ къэхъуащ. Пасэу спортым дихьэхьащ, ауэ Адыгейм ар зыми щигъэщIагъуэркъым, ныбжьыщIэхэм я нэхъыбэр апхуэдэщи. Спортым и мастер щыхъуари и ныбжьыр илъэс 24-м нэсауэщ, институтыр къиуха нэужькIэ.

ЩIалэ дыдэу зызрипщыта атлетикэ хьэлъэмрэ двоеборьемрэ ехъулIэныгъэ инхэр къызэрыщемыхъулIэнур Юрэ псынщIэу къыгурыIуащ. Абы ирихьэлIэу къежьат пауэрлифтингыр (щылъу хьэлъэ къэIэтын). Ар иджыри олимп спорт лIэужьыгъуэтэкъым, ауэ Хъуажьым къыхуагупсысауэ фIэкIа пщIэнтэкъым. Юрэ и гур апхуэдизу абы кIэрыпщIати, зэрыдихьэхар имыщIэжу зэман кIыхь тригъэкIуадэрт.

Зыгъэсэныгъэхэм иригъажьэри, мазищ дэкIауэ арат Хъуажь Юрэ Урысей Федерацэм и чемпионатым щыхыхьам. Уеблэмэ, къэралпсо утыку ихьа къудейкъым, атIэ и хьэрхуэрэгъу псоми ефIэкIри, занщIэу дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ.

АдэкIэ зэхьэзэхуэ нэхъ иныжхэр къыпэплъэрт. Пэжщ, япэу дунейпсо утыку къыщихьар къехъулIэщакъым – къыхуэхьар ебгъуанэ увыпIэращ. АрщхьэкIэ Юрэрэ и гъэсакIуэ икIи и адэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Хъуажь Мажидрэ  абы я лъэр щIигъэхуакъым, атIэ дерс щхьэпэхэр къыхригъэхащ. КъагурыIуащ хуэм-хуэмурэ Iэзагъым хэгъэхъуэн зэрыхуейр икIи, унэтIыныгъэ пыухыкIахэр зиIэ тренировкэхэр нэхъ хьэлъэж зэрыщIыпхъэр.

Хъуажь Юрэ къэзыцIыху щIагъуэ 1995 гъэм иджыри щыIакъым. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым ар псоми яIэтынут. ГъащIэр апхуэдэщ – уи насып къыщIикIынур пщIэнукъым. 1996 гъэм Хъуажьыр япэщIыкIэ аргуэру Урысей Федерацэм и чемпион хъуащ. Абы и хьэрхуэрэгъухэр жыжьэуи къыщылъэщIыхьакъым. Мазэ зыбжанэ дэкIри, Хъуажь Юрэ дуней псом щытепсэлъыхьу щIадзащ пауэрлифтингым мащIэу нэхъ мыхъуми хэзыщIыкIхэр. Ар Европэм и чемпионатым щытекIуащ, килограмм 271-рэ езыр щылъу къиIэтри. Апхуэдэ нэхъапэм зыхузэфIэкIа иджыри къэс континентым къытехъуатэкъым.

Мыгувэу Юрэ фэбжь мащIэ игъуэтащ, ауэ ар зэран къыхуэхъуакъым дунейпсо зэпеуэм хэтынымкIэ. Данием щыIа зэхьэзэхуэ иным абы дыщэ медалыр къыщихьащ. Пэжщ, фэбжьым зыкъригъэщIащ икIи и зэфIэкI псори къызэкъуихыну Iэмал игъуэтакъым. Абы щыгъуэми къыпэлъэщын и хьэрхуэрэгъухэм къахэкIакъым икIи килограмм 252,5-р ирикъуащ дунейпсо чемпион япэу хъун папщIэ. Дыжьын медалыр къэзыхьам къыхуэIэтар килограмм 30-кIэ нэхъ мащIэщ.

Мазэ бжыгъэм къриубыдэу дунейпсо цIэрыIуагъ игъуэтащ куэдым ямыцIыхуу щыта Хъуажь Юрэ. АрщхьэкIэ ар фIыуэ къыщIалъагъур пауэрлифтингым щиIэ зэфIэкIхэм я закъуэтэкъым. Абыхэм хыхьэжат цIыхугъэ ин зэрыхэлъыр. Юрэ щэхут, гугъуехьакIуэт, гуапэт икIи укъэзымыгъэщIэхъунт. Илъагъу хъуртэкъым пцIымрэ фэрыщIагъымрэ, нэпсеягъымрэ Iужэжагъымрэ. Къэралым къыщыпэлъэщын илъэс зыбжанэкIэ щымыIами, Европэм щэнейрэ и чемпионами, дуней псом тIэунейрэ щытекIуами, ЩIы хъурейм и кубокыр къихьами ар зэрыцIыху къызэрыгуэкIыу къэнэжащ. И хъэупсапIэт къиIэтхэм я хьэлъагъыр килограмм 300-м нигъэсыну.

ЗэкIэлъхьэужьу 1996, 1997 гъэхэм дуней псом и чемпион хъуа иужькIэ, адэкIэ зыхущIэкъун щымыIэжу къыпщыхъурт. АрщхьэкIэ сыт щыгъуи тезыгъэгушхуэн гуэр къигъуэтырт. 1996 гъэм ар Адыгейм и спортсмен нэхъыфIу къалъытащ.

Спортым кIасэу хыхьами Хъуажь Юрэ, щыхэкIыжари зыкъомрэ хэта, текIуэныгъэ инхэр къихьа иужькIэщ. 2012 гъэм ЩIы хъурейм и кубокыр зыIэригъыхьэри, тренер IэнатIэм пэрыуващ, спортсмен хуэдэу къыпхуэзэщIэкъуэну медаль нэхъыщхьэ псори иIэу. Иджы и зэфIэкIхэмкIэ щIэблэм ядогуашэ, текIуэныгъэ инхэм хуегъэуш ахэр.

Хьэтау Ислъам.

 

 

Поделиться: