Къэхъуа
«НэмыцэIуэм сыкъызэрикIуэсыкIыжар!»
Хэку зауэшхуэ зэманым КъардэнгъущI Зырамыку и нэгу щIэкIа псэзэпылъхьэпIэхэм ящыщу къиIуэтэжауэ щыта мы хъыбарыр нэхъапэкIэ зы щIыпIи къытехуакъым.
Пщэдджыжь къэс гъэрхэр мэлым хуэдэу дызэхуахусурэ Iуэм дыкърахуурэ дагъэлажьэрт. Махуэ щIагъуэ дэкIыртэкъым гъэрхэм ящыщ зытIущ шхын щхьэкIэ мылIэу. Дапщэрэ Iуэм дыкъыдахуами, набдзэгубдзаплъэу сызэплъар абы нэхъ тыншу сикIа зэрыхъунырщ. Си ажалыр абы хэлъми, Iэмал имыIэу нэмыцэIуэм сикIуэсыкIыну быдэу мурад сщIати, зы Iэмал къызогъуэт. Шхын щхьэкIэ силIыхь нэхърэ нэхъыфIт.
Арати, зы жэщ гуэрым, жейр щыIэфI нэхущым ирихьэлIэу, хъумакIуэр зытес лъагапIэм и щIагъымкIэ, къыстеплъэ щымыIэу, сыкъыщIокIуэсыкIри, «Червонэ Октябрь» жыхуиIэ къуажэшхуэм нэху сыкъыщокI. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэхэзехуэн ящIа къуажэдэсхэр апхуэдизкIэ куэд хъурти уэрамым ерагъкIэ ущызэблэкIыфу арат.
Абыхэм сахэту сыздэкIуэм соплъэри, зыгуэрхэм пщIантIэм кIэртIоф щызэхадзу самэм бгъэдэсу солъагъу. «КIэртIоф гъэва сагъэшхынщ», - жызоIэри сахотIысхьэ. Езыхэри гуапэу къысIуощIэ. КIэртIоф зэхэздзу щIэздза къудейуэ пщIантIэм нэмыцитI къыдолъадэ: «Уэ ухэт? Дэнэ укъикIа? НакIуэ ди гъусэу», - жаIэри срахужьэ.
Куэд дэмыкIыу унэшхуэ гуэрым дыщIохьэ. Унэм кIэлындорышхуэ кIуэцIрокI. Абы и кIэ дыдэм и деж зытхьэщIыпIэ фIэдзащ, и щIагъым тас щIэтщ. Ауэ телъ сабыныр къасщтэри си Iэм щысхуащ. Си ужь ит нэмыцэхэм си Iэр сщIыурэ езгъэлъэгъуащ пэшыр: «Фэ фынакIуэ сэ си Iэр стхьэщIынщи сыныщIыхьэнщ». КъызэдаIуэхэри зблэкIащ.
Си Iэхэри стхьэщIащ. АдэкIэ сщIэнум сегупсысу сыздэщытым унэр зейр къыщIэкIауэ солъагъу. Си Iэр си Iупэм Iуслъхьэри езгъэлъэгъуащ, зыри жомыIэ жыхуэсIэу. Мыдрейми, «хъунщ», - жиIэри игъэзэжри щIыхьэжащ. Сэ псынщIэу унэм сыкъыщIэжри, уэрамым дэт цIыху Iувым захэзгъэгъуащэри зызгъэбзэхащ.
Зытхыжар Яхэгуауэ Бердщ.
Хъыбар зиIэ псэлъафэхэр
ЛIам унафэ ищIыжыркъым
Къэзанокъуэ Жэбагъы щылIэм и щхьэгъусэр бгъэдыхьэри еупщIащ:
- Сэ дауэ сыпсэуну, сыт унафэу къысхуэпщIрэ?
- Сэ уи унафэ сщIыну си Iуэху пхэлъыжкъым. ЛIам унафэ ищIыжыркъым. Уи унафэр фыз хьэдагъэм щащIынщ, - къыжриIащ, «узратыжынур фыз хьэдагъэм щыжаIэнщ» къригъэкIыу.
Сыкъаплъэмэ, фэракъэ слъагъунур!
ЛIыжьыр и псэм еджэу телът, и къуэжьхэр къеувэкIауэ щхьэщытт. ЛIыжьыр и къуэхэм яхуэарэзытэкъым.
- Уэ, ди адэ, моуэ уи напIэ зэтехи, тIэкIу къаплъэт! – щыжраIэм:
- Сыкъаплъэмэ, фэ цIапIэ къомыракъэ слъагъунур! – жиIащ лIыжьым.
ТхьэмыщкIэр ди деж къэмыкIуэмэ, дэнэ кIуэн?
Увжыкъуэ лIыжьым пхъурылъхум къилъхужауэ зы Iыхьлы гуэр яшауэ иIэт. А лIыжьым фIэкIа абы ади, ани, Iыхьлыи иIэтэкъым.
Зэгуэрым дыщ палъэу иIэ лIыжьым деж пхъурылъхур къэкIуэжащ.
- Гуащэпагуэ къокIуэж! – жраIащ лIыжьым.
- Сыт къэзыхужыр, емынэм къихужрэ? – жиIэу лIыжьыр хъущIащ.
- Мати пхъуанти иту зэгъэпэщауэ гукIэ къашэж! – щыжраIэм:
- Фыжи, куэбжэр Iуфх, тхьэмыщкIэр ди деж къэмыкIуэмэ, дэнэ кIуэн? – жиIащ лIыжьым.
Уэ укъыщаша махуэр нэхъ гукъутэгъуэшхуэт…
ЗэтIуанитIым я лIыр лIауэ ягъейрт.
- Нобэрей махуэр сыту гукъутэгъуэшхуэт! – гъуэгыурэ нэхъыщIэм щыжиIэм:
- Уэ укъыщаша махуэр нэхъ гукъутэгъуэшхуэт нобэ нэхърэ, - жиIащ нэхъыжьым.
ГушыIэхэр
Пщам и уасэр къызэтыж
Хъуэжэ я къуажэ шырыкъущIэм елъэIуащ шырыкъуитI хуищIыну. УасэмкIэ, хьэзыр щыхъуну пIалъэмкIэ зэгурыIуэри, а тIур зэбгъэдэкIыжащ.
Абы иужькIэ зэманыфI дэкIауэ, зэрызэгурыIуа пIалъэри зэрыблэкIрэ куэд щIауэ Хъуэжэ шырыкъущIэм и деж кIуащ. Зыкъиплъыхьри, щIэкIуар и нэм къыфIэнакъым.
- Дэнэ щыIэ си шырыкъуитIыр? - къэгубжьауэ еупщIащ ар шырыкъущIэм.
- ЗэдухылIа пIалъэм укъыщымыкIуэм, хуеиж хъункъым жысIэри сщэжащ, - къыпидзыжащ абы шырыкъущIэм.
- Хъарзынэщ. Абы щыгъуэм пщам и уасэр къызэтыжи, дызэгурыIуэжащ, - пидзыжащ абы Хъуэжэ, ахъшэр зэрыримытар имыщIэжу фэ зытригъауэри.
Узубакъым
Гъэмахуэ пщыхьэщхьэ гуэрым зэIущIэ екIуэкIыну колхозхэтхэр зэхуэсат. Абдежым бригадирым и благъэ Хьэжнэгъуей хуабжьу кърикъухьащ: хуэмыхущ, щхьэхынэщ, махуэ лэжьыгъэр хуэгъэзащIэркъым, зыхэтым къакIэроху, жыIэмыдаIуэщ, нэгъуэщI куэди хужиIащ.
ЗэIущIэ нэужьым Хьэжнэгъуей бригадирым зыхуигъазэри, и жагъуэ зэрыхъуар къригъэщIащ:
- Нобэ щыщIэдзауэ дызэбийщ. Дызэблагъэми, си гупэ уи дежкIэ нэзгъэзэнкъым. Апхуэдизу сумыубамэ, хъунтэкъэ?! – жиIэри.
- Сэ узубакъым, уи ныкъусаныгъэхэм сытепсэлъыхьауэ аркъудейщ, - жиIэри бригадирыр ежьэжащ.
Пщыбий СулътIан.
Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр
СампIэимыхьэ
Кхъэм яхь къахьыжыркъым. БлэкIам къыпхуегъэгъэзэжынукъым.
ЛIыр фэладжэщ жыпIэу йомыку. «КъызэрыщIэкIынур пщIэркъым» жыхуиIэщ.
Мазэрэ пэт дыркъуэ иIэщ. «Дагъуэ, дерт гуэр зимыIэ щыIэкъым» жыхуиIэщ.
МафIэм и гъунэгъу лыр мажьэ. Iыхьлы гъунэгъум и нэщхъеягъуэр сыт щыгъуи гум хохьэ.
Мащэ зытI мащэ йохуэж. НэгъуэщIым гуауэ езыщIэну хэтым ар езым къыщощIыж.
Мащэм зэ ихуар набгъэщи, тIэу ихуэр нэфщ. Зэ ищIа щыуагъэ дыдэр аргуэрыжьу зыщIэр хэзыкъухь псэлъафэщ.
Мэл гуартэ щIакъуэншэкъым. Адрейхэм зыгуэркIэ къащхьэщыкI гуэр гупым сыт щыгъуи хэтщ.
ПцIы бупсынумэ, лIам телъхьэ. Пхуэмыгъэлъэгъуэн, пхуэмыгъэнэхуэн тегъэщIапIэхэр щыхьэт ещI.
ПцIым лъакъуэ щIэткъым. «Жыжьэ унихьэсынукъым» жыхуиIэщ.
ПщIэгъуалэ утесмэ, иц щыщ къыпхохуэ. ЦIыхуфIым упыщIауэ, Iуэху хуиIэу, удэпсэууэ щытмэ, ифI къокIынщ, нэхъыфI ухъунщ.
ПщIэншэ уадэ Iэтыгъуейщ. ПщIэншэрылажьэм и Iэр лэжьыгъэм хыхьэркъым.
Сабийм и кIэтIий кIапэ бжыхьым пылъми, мэджэгу. Шынагъуэ сытхэр къыфIэмыIуэхуу, къыщыщIынкIэ хъунухэм емыгупсысу джэгу хабзэу зэрыщытым тражыIыкIа псэлъафэщ.
СампIэимыхьэ. Гупым хьэлкIи лэжьыгъэкIи ядэмыхъу.
Сэ нэхъыфI умыгъуэтмэ, сыкъэшэж. Зэримыпэсам цIыхур къыщыхуэнэжым деж къапсэлъ хабзэщ.
Сэшхуэ гъущэрылърэ фыз зэщIэплъарэ. «ТIуми уаIурымыIэбэ» жыхуиIэщ.
Уэ нэхъ лIыфI щымыIэмэ, си пыIэ пхуэгъэтIысащ. «Сыпхуэгъэзащ, сыпщышынэркъым» жыхуиIэщ.
Си тхъэгъуэм си гъуанэдэплъэ, си лъаджэгъуэм къыслъимыплъэж. «Сыщыкъулейм къыскIэлъыкIуащ, къулейсыз сыхъури – и щIыбагъ къысхуигъэзэжащ» жыхуиIэщ.
Сыхэмыхьэмэ, ситхьэлэн. Iуэхугъуэ гуэрым хэпщIэну зэрыхумейр зыгъэнаIуэ цIыхум къепсэлъ.
Сымаджэр къанэри, щIэупщIакIуэр лIащ. «Сысымаджэщ жыпIэу уи гугъэр хыумыхыж» жыхуиIэщ.
Теплъхьэр и хьэлъэщ. ТэмакъкIыхьщ, бэшэчщ, жыIэщIэщ.
ТIу зэпсалъэмэ, уабгъэдэмыхьэ. «Уэ зэхыуамыгъэхын гуэр зэхуаIуатэми, пщIэркъым» жыхуиIэщ.
Щауэ Къэлидар.
НасыпыщIэ
Новеллэ
Гъатхэ жэщыр хуэмурэ хокIуатэ, ауэ сэ иджыри сыгъуэлъыжакъым. «Ромеорэ Джульеттэрэ» трагедием ныщхьэбэ щитIрэ епщIанэу седжэжри, си нэпсхэр еслъэщIэкIыурэ тхылъыр зэгуэспIэжащ. ГъэщIэгъуэныракъэ, дапщэрэ семыджэми, сужэгъуркъым. Лъагъуныгъэм, пэжыгъэм, дахагъэм и щыхьэту зи фэеплъ къытхуэна ныбжьыщIитIым еджэгъуэ къэс нэхъ пэгъунэгъу сахуэхъуу къысщохъу.
Тхылъыр стIолым теслъхьэжри, сыгъуэлъыжащ. Мазэр си щхьэгъубжэ IухамкIэ къыдэплъурэ, къысхуогуфIэ. ДэнэкIи гъатхэмэ щыIэщ. Жыг баринэхэм нысащIэм хуэдэу хужьыбзэу захуэпащ. НысащIэм хуэдэу… А гупсысэм аргуэру си нэгум гуфIэгъуэр ирещIыхь. Сэ схуэдэу… Нэжэгужагъэ си гур зыIыгъым, гъуэлъыпIэм сримыгъэлъу, аргуэру сыкъотэдж. Си щыгъынхэр зыдэлъ шкафыр Iузохри, бостей хужьым си Iэр ирызогъажэ. Мис ар – хъыджэбзу дунейм тету хъуам я хъуэпсапIэр! Лъагъуныгъэм и къабзагъэмрэ и дахагъэмрэ я щыхьэту ар хужьыбзэщ! Насыпым и фащэщ!
Бостейр шкафым къыдызохри, щызотIагъэ! Абы нэхъ щыгъын дахэ си гъащIэм симыIауэ къысщохъу. ЩэкI хужьым къыхэщIыкIарэ щыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ягъэщIэращIэу! Ар сщыгъыу гъуджэм сыщиплъэкIэ, къысфIощI си сабиигъуэм къызжаIэжу щыта таурыхъхэм язым сыхэту. СыгуфIэурэ, зызогъэкIэрахъуэ. Си бостейри къыздофэ!
ГуфIэгъуэ нэпсхэр къысфIекIуащ! Ярэби, зи хьэгъуэлIыгъуэр къэблагъэ нысащIэ псори апхуэдэу щыту пIэрэ?! Щытыгъэнщ! Апхуэдизрэ узыпэплъа насыпыр къыщысым деж умыпIейтеинкIэ Iэмал иIэкъым. А насыпращ дэ дунейм дыкъытохьэри, дытекIыжыху дызэхъуапсэр. Щыуагъэ длэжьми, IуэхуфI тщIэми, дызыщIэкъур зыщ: насыпыфIэ дыхъуну!
Сэ а насыпыр къызэзыта цIыхум согупсысри, си гур хуабагъэ гуэрым зэщIещтэ. ГъащIэм куэдрэ къыхохуэ зэман, зыри тфIэмыгъэщIэгъуэныжу. Ди гур зыми игъэгуфIэркъым, псори зэшыгъуэу тфIощI. Мы дунейм зы фIыгъуэ темытыжу къыщыпщыхъу дакъикъэхэм деж, уи гъащIэм къыхохьэ цIыху гуэр, абы игъащIэкIи къыхэнэн хуэдэу. Апхуэдэ цIыхум уи гур къыдощIэрэщIэж, зэгуэр уиIа гукъыдэжым къегъэзэж. Абы и гъусэу гу лъыптэн щIыбодзэж дыгъэм и къепсыкIэми, розэм и гъэгъэкIэми, гъатхэм и дахагъэми. Дауэ апхуэдэ цIыхухэм узэреджэнур?! Насыпщ…
Сэри си гъащIэм къыхыхьащ апхуэдэ цIыху. Семыжьэххэу, сыщымыгугъыжу къэкIуащ лъагъуныгъэр. Нэпсу щIэзгъэкIам и уасэу насыпыр си бжэм къытеуIуащ. Абы и хуабэм къигъэткIужащ щIыIэм иса си гур. ФIыуэ слъагъум и нитIым сыщыщIэплъэкIэ, согупсыс: сытым щыщ сэ япэм лъагъуныгъэу сыбжари сызыщIэхъуэпса насыпри?! Дэнэ иджы ахэр здэщыIэр?! Гухэлъ мышыухэм нэф ящIа си нэхэм ялъэгъуакъым насып къэслъыхъуэр си гъунэгъуу зэрыщытыр.
Ауэ гъащIэм псори и пIэ ирегъэувэж. «Уи щхьэм хуэсакъыж», къызжезыIэ цIыху къомым къахэкIащ зы: «сэ игъащIэкIи сыпхуэсакъынущ», - жиIэу. Иджы сэ сынысащIэщ! Зи хьэгъуэлIыгъуэр къэблагъэ пщащэщ! НасыпыщIэм къыдэщIэрэщIэжа псэщ!
ФIыуэ зэрылъагъухэм я МелыIыч, кхъыIэ, сынолъэIу лъагъуныгъэм и дэтхэнэ дакъикъэри нэхъ кIыхь щIы. ФIыуэ зэрылъагъухэм я гъуэгур зэхуэшэ. Зи закъуэу дунейм тет дэтхэнэ Джульеттэми и Ромео къегъэгъуэтыж. ФIыуэ зэрылъагъу псом я хьэтыркIэ сынолъэIу: ди лъагъуныгъэр уи дамэ лъабжьэм ухуэсакъыу щыхъумэ!
Си лъэIухэр зэхиха хуэдэ, лъагъуныгъэр зищIысыр псом нэхърэ нэхъыфIу зыщIэ Джульеттэ тхылъ напэкIуэцIхэм къиплъыурэ къысхуогуфIэ.
ГъукIэ Маринэ.
Гъубж Мухьэдин
Жьым фымыщI и жагъуэ
Жьыгъэр псоми къытпэщылъщ,
и IэмыщIэм хэтри илъщ!
Ди гум илъу къыдохьэкI,
жьым щIалэгъуэр зэрехьэкI.
ЩIалэгъуалэм сыволъэIу,
цIыхухэм псоми сыволъэIу:
жьы хъуа цIыхухэр фIыуэ флъагъу,
жьым фымыщI и жагъуэ,
маржэ, цIыхухэм сыволъэIу,
жьым фымыщI и жагъуэ!
Уэ ухуеймэ пщIэ, нэмыс,
жьы хъуа цIыхум хуэщI нэмыс,
жиIэ псалъэм егупсыс,
абы, маржэ, къыхэх дерс!
Псалъэ IэфIым лъэр щIегъэкI,
гум илъ бампIэр щхьэщегъэкI!
Жьым уемыуэ, маржэ, игу,
зэпыбупщIу уэ и гъуэгу!
Жьыгъэм уещIыр тэмакъкIэщI,
жьы хъуа цIыхум и гур хощI,
и гурыщIэр IэщIыб фIохъу,
мыхьэнэншэр жагъуэ щохъу!
Жьыгъэм хэлъкъым зэхэгъэж,
зыхулъэкIым къыщымыж,
фыгъуэ-ижи зы хэмылъ,
е нэ лейкIэ зым емыплъ!
Жьыгъэм цIыхур догулэз,
хэтми сытми ар къоуз,
жьыгъэм зыри IэщIэмыкI,
жыги цIыхуи ирещIыкI.