Ди къуэш республикэхэмЗэкъуэш зэпыщIэныгъэхэр МЕЙКЪУАПЭ. Адыгейм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат иджыблагъэ IущIащ Иорданием щыIэ Шэрджэс псапащIэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэм.
Апхуэдэуи къыхигъэщащ ди лъэпкъэгъухэм ящыщщ куэд пщIэрэ щIыхьрэ къыхуащIу Иорданием зэрыщыпсэур, къэрал къулыкъухэр зэрыщызэрахьэр, Iуэхугъуэшхуэхэм зэрыхэтыр. Шэрджэс псапащIэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Рушди Ибрэхьим, цIыхубзхэм я Адыгэ Хасэм и гуащэ Къандур Сэтэней, финанс IуэхухэмкIэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Мустэфа Мухьэмэд сымэ тепсэлъыхьащ хэкужьым къэзыгъэзэжахэр щетIысэха щIыпIэхэм нэхъ тыншу изэгъэжа зэрыхъуным, адыгэбзэр джынымкIэ щыIэ Iэмалхэм, анэдэлъхубзэ тхылъхэмкIэ еджакIуэхэр къызэгъэпэщыным, Иорданием къикIыу Адыгейм еджакIуэ къакIуэ студентхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэным, нэгъуэщIхэми. ХьэщIэщхэм къахохъуэ ЧЕРКЕССК. Къэрэшей-Шэрджэсым и курорт щIыпIэхэм хьэщIэщ зэхуэмыдэу 700-м нэблагъэ нобэкIэ щыIэщ.
Псалъэм къыдэкIуэу, Архъызым щыIэщ хьэщIэщ зэхуэмыдэу 393-рэ, Софийскэ гъэхъунэм - 53-рэ, «Романтик» турист къуажэ цIыкIум – 22-рэ, Домбейм - 135-рэ, Теберда - 78-рэ. Министерствэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, хьэщIэщхэм я бжыгъэм къыщIыхэхъуэр щIыналъэм туристхэр куэду къызэрыкIуэрщ зи фIыгъэр. Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ республикэм цIыху мелуанрэ ныкъуэм зыщагъэпсэхуащ икIи мы гъэм и кIэм а бжыгъэр мелуани 2,3-м нэсын гугъэхэр щыIэщ. Къыхэдгъэщынщи, республикэм къэкIуэн ипэкIэ, абы и хьэщIэщхэм зыщезыгъэтххэм процент 36-кIэ хэхъуащ. 2030 гъэм ирихьэлIэу Къэрэшей-Шэрджэсым къакIуэ туристхэм я бжыгъэр мелуаниплIым нигъэсыныр республикэм и плъапIэщ. Я щыуагъэр къагурыIуэжа? СЫХЪУМ. Абхъазымрэ Осетие Ипщэмрэ къуаншагъэ зэракIэлъызэрихьар Куржым къилъытэжащ. Ар иджыблагъэ жиIащ Тбилиси къалэм и унафэщI Каладзе Кахи.
Къыхигъэщащ фIым къимышэр ем къызэримыхьынур, къарукIэ зэпэщIэтыныр гъэувыIауэ дахэкIэ зэгурыIуэн зэрыхуейр.
Поделиться:
Читать также:
18.06.2025 - 10:46 →
НОБЭ
17.06.2025 - 09:00 →
НОБЭ
16.06.2025 - 15:00 →
НОБЭ
16.06.2025 - 14:00 →
НыбжьыщIэхэр – щIыуэпсым
11.06.2025 - 09:00 →
НОБЭ
|