Дунейм щыхъыбархэр

ТекIуэныгъэ Иным ехьэлIа
махуэшхуэ дауэдапщэхэр ягъэIэпхъуэ

Ди къэралым Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщихьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ Накъыгъэм и 9-м Москва щрагъэкIуэкIын хуея парадыр ягъэIэпхъуэну Кремлым унафэ къыщащтащ. И щхьэусыгъуэр - дунейм къэралу тетыр мы зэманым зыгъэгузавэ, цIыхубэм я псэукIэ мардэр езыгъэхъуэжа коронавирусырщ.

«Парадыр едгъэкIуэкIын щхьэкIэ абы зыхуэдгъэхьэзыракIэу щытын хуеящ. Ауэ, зи къарум нэхъри хэхъуэ эпидемием къихь шынагъуэм апхуэдэ Iэмал къыдитыркъым. Абы сэ хуит сищIыркъым парадым зыхуэгъэхьэзырыным, абы ехьэлIа дауэдапщэхэр ирагъэкIуэкIыным теухуа унафэ сщIыну», - къыхигъэщащ къэралым и Президент Путин Владимир ШынагъуэншагъэмкIэ Советым хэтхэм щепсэлъылIам.
Къэралым и УнафэщIым ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм къалэн щищIащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ къызэрыщахьрэ илъэс 75-рэ зэрырикъур гъэлъэпIэным теухуауэ Москваи къэралым и адрей щIыналъэхэми щрагъэкIуэкIыну яубзыхуауэ щыта Iуэху псори ягъэIэпхъуэну. Апхуэдэу щытми, къэралым и Президентым къыхигъэщащ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьахэр а махуэм - Накъыгъэм и 9-м - гулъытэншэу къэбгъанэ зэрымыхъунур.
«Фэеплъымрэ щIыхьымрэ я илъэсу ягъэува 2020 гъэм къриубыдэу екIуэкIынущ ТекIуэныгъэм и Парадри, нэгъуэщI гуфIэгъуэ зэхуэсхэри, ауэ дгъэIэпхъуауэ аращ. Дауэдапщэхэр дгъэIэпхъуами, накъыгъэм и 9-м дэтхэнэ унагъуэми ягу къыщагъэкIыжынущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда я Iыхьлыхэр, ТекIуэныгъэр къахуэзыхьу къахуэкIуэжа я лIыхъужьхэм ехъуэхъунущ, аращи, дэ абыхэм фIыщIэшхуэ зэрахуэтщIыр зыхедгъэщIэн хуейщ, иджыкIэ диIэ Iэмалхэр зэщIэдгъэуIуэу», - жиIащ Путиным.
 УФ-м и Къэрал Думэм и УнафэщI Володин Вячеслав а унафэр къызэрыщыхъуам щытрагъэпсэлъыхьым къыхигъэщащ ар зэрагъэIэпхъуар Iэмалыншагъэм къызэрыхэкIар икIи мы зэманым щыIэ щытыкIэм тещIыхьауэ тэмэму къызэрилъытэр.
«ЦIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынырщ, абыхэм я узыншагъэр хъумэнырщ къэралым и къалэн нэхъыщхьэр. Ди Президентыр, псом япэрауэ, зытегузэвыхьыр ди цIыхухэм я узыншагъэрщ, я гъащIэрщ. Аращ апхуэдэ лъэбакъуэ ичын хуей щIэхъуар», - къыхигъэщащ Володиным.
Къэрал Думэм и депутатхэми а унафэр зэрыдаIыгъри жиIащ Володиным.

Пластикым къыхэщIыкIа гъуэгу

Пластикыр ди гъащIэм лъэ быдэкIэ зэрыхэтым зыми шэч къытрихьэжу къыщIэкIынкъым. Ди хъуреягъкIэ щыкуэдщ абы къыхэщIыкIахэр - хьэкъущыкъухэр, Iэмэпсымэхэр, унэлъащIэхэр, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр. Ар къыщамыгъэсэбэп IэнатIи къэгъуэтыгъуейщ.

Апхуэдэу щытми, Шотландием къыщыхъуар куэдым ягъэщIэгъуащ. А къэралым щыщ компанием пластикым къыхэщIыкIа гъуэгу трилъхьащ. IэщIагъэлIхэм зэхалъхьащ пластикыр щыкъуейуэ зэтрауду абы битум къызэрыхащIыкI технологиер. Абы и фIыгъэкIэ, а гъуэгухэр мыдрей къызэрыгуэкIхэм нэхърэ процент 60-кIэ нэхъ быдэ мэхъу.
Мыбдежым мыхьэнэ нэхъ мащIэ иIэкъым пластикым и кIэрыхубжьэрыхухэу дуней псом темыхуэжхэр къэгъэсэбэпа зэрыхъуми. Ауэ узыгъэгузави щымыIэу пхужыIэнукъым. ЦIыхум и узыншагъэмкIэ зэран мыхъуну пIэрэ пластик зытелъ гъуэгум къыхиху гъуэзыр?
Гъуэгум тралъхьар зэрызэхалъхьа щIыкIэр яущэху, абы дяпэкIэ къихьыну хэхъуэр нэгъуэщI компаниехэм дамыгуэшын щхьэкIэ. Инженерхэм зэрыжаIэмкIэ, пластикыр апхуэдэу къэсэбэпыныр ягу къэкIащ лэжьыгъэ IуэхукIэ Индием кIуэуэ къагъэзэжа нэужь.
Компанием зэкIэ хэIущIыIу ищIыну хуэмейр апхуэдэу куэдрэ яхуэхъумэным шэч къытепхьэ хъунущ - сыт хуэдэ щэхури зэгуэр наIуэ мэхъу.

Нобэ

♦ЩIым и дунейпсо махуэщ
♦Секретарым и дунейпсо махуэщ
♦Экологием къихь шынагъуэм зыщыхъумэным и махуэщ
♦1370 гъэм
Франджым и пащтыхь Карл V и унафэкIэ Бастилие быдапIэр ухуэн щIадзащ.
♦1832 гъэм император Николай Езанэм и унафэкIэ Урысейм нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэр къызэрагъэпэщащ.
♦1838 гъэм Атлантикэ хыр зыщIыпIэ дежи къыщымыувыIэу зэпызыупщIа кхъухьым и хъурзэр США-м и Нью-Джерси штатым и Iуфэм деж щридзыхащ.
♦1863 гъэм Москва къалэ Думэм и япэ зэхуэсыр екIуэкIащ.
♦1906 гъэм Алыджым и къалащхьэ Афинхэм къыщызэIуахащ зи мычэзу Олимп Джэгухэр.
♦1918 гъэм Урысейм и ВЦИК-м унафэ къищтащ къэралым и цIыхухэр дзэ Iуэхум хуегъэджэным теухуауэ.
♦1724 гъэм къалъхуащ нэмыцэ философ цIэрыIуэ Кант Иммануил.
♦1870 гъэм къалъхуащ совет къэралыгъуэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым и япэ унафэщIу щыта Ленин (Ульянов) Владимир.
♦1899 гъэм къалъхуащ урыс, американ тхакIуэ цIэрыIуэ, зэдзэкIакIуэ, литературовед Набоков Владимир.
♦1886 гъэм къалъхуащ бзэщIэныгъэлI, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Елбэд Хьэсэн.
♦1904 гъэм къалъхуащ США-м щыщ физик, а къэралым и япэ атомнэ бомбэр зыщIа Оппенгеймер Роберт.
♦1942 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РАЕН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик МэкIэтIей Абдулэхь.
♦1952 гъэм къалъхуащ Урысей географие обществэм хэт, ныбжьыщIэхэм я «Додо Клаб» зэгухьэныгъэм (КъБР) и унафэщIу щыта Мысырджэн МуIэед.
♦1969 гъэм къалъхуащ усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, адыгэ усакIуэхэм я IэдакъэщIэкI куэд урысыбзэм къизыгъэзэгъа Пряжников Александр.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 8 - 9, жэщым градуси 4 - 5 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Узыщымыгугъын ущыгугъмэ, уи гурыгъыр ижынщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ