НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 18, мэрем
КIэнфетхэм я дунейпсо махуэщ
ЦIыхухъухэм я джанэхэм далъхьэ пщэдэлъым и дунейпсо махуэщ
1941 гъэм къалъхуащ КъБР-м и япэ Президенту щыта, къэрал лэжьакIуэ, политик Iэзэ КIуэкIуэ Валерэ.
1942 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м и цIыхубэ дохутыр ХьэцIыкIу Борис.
1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Емкъуж Лиуан.
1968 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкIэ лэжьа, КъБР-м и Парламентым, УФ-м Связымрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм я щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща Гъурыжь Мадинэ.
 
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градуси 7 – 9, жэщым градуси 4 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
«Довэ», - жи аргъуейм, вым и бжьакъуэм тесу.
 
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ