Спорт хъыбархэр

                                                       Зэхьэзэхуэ зэIухам и медаль 11

Ставрополь крайм хыхьэ Лермонтов къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ киокушинымкIэ «Кавказым и Кубокыр» къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэIуха зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 10-м я спортсменхэр.

Зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм. Я хьэлъагърэ я ныбжьрэ елъытауэ ди спортсменхэр щызэуа гупхэм медаль 11 къыщахьащ, абыхэм ящыщу 3-р дыщэу, 4-р дыжьыну, 4-р домбеякъыу.

Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм япэ увыпIэхэр къыщызыхьахэр  Шыд Ислъам (кг 55-рэ), Аслъэн Аслъэн (кг 75-рэ), Конторин Роман (кг 50) сымэщ.

Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Биткаш Давидрэ Емельянрэ, Вэрокъуэ Энвер, Дзасэжь Александр сымэ.

 

                            Газаев Руслан ягу къагъэкIыжу

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс м дэт «Гладиатор» комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ СССР-м спортымкIэ и мастер Газаев Руслан и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Гуп зэпеуэхэм щыбэнахэр 2011 - 2012 гъэхэм къалъхуахэрщ.

Псори зэхэту фэеплъ зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ командэ 13, абыхэм ящыщу 2-р Осетие Ищхъэрэ - Аланием къикIауэ. Удэзыхьэхыу икIи гъэщIэгъуэну екIуэкIа зэIущIэхэм япэ увыпIэр щиубыдащ «Налшык» спорт клубым, етIуанэр – «JUDO КБР»-м, ещанэр зэдагуэшащ «Локомотив», «Спартак» командэхэм.

                                       Италием къыщыхожаныкI

Италием и Венецие къалэм жэпуэгъуэм и 9 - 13-хэм щекIуэкIащ каратэмкIэ (WKF) 13-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуауэ.

Ди къэралым и спортсменхэм къращIылIа дэкъузэныгъэхэр ныбжьыщIэхэм ехьэлIауэ зытIэкIукIэ къызэрагъэлэлам къыхэкIыу, Урысей Федерацэм каратэмкIэ и командэ къыхэхам Iэмал игъуэтащ дунейпсо зэхьэзэхуэм хэтыну, ауэ ахэр зыщыщ къэралыр къэмыгъэлъэгъуауэ.

УФ-м и пщIэр яIэту абы хэтащ спортсмен 35-рэ, тIур Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэну. Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм и лIыкIуэхэм зэхьэзэхуэхэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи домбеякъ медалхэр къахьащ.

Текуев Алим щызэуар кадетхэм я дежщ, кумитэ лIэужьыгъуэмкIэ, и хьэлъагъыр килограмм 52-рэщ. Гуэбэшы Арнелли кумитэмкIэ щIалэгъуалэ гупым я деж ещанэ щыхъуащ (кг 48-рэ).

Спортсменхэм ядэлажьэр Гуэбэшы Аслъэн, КIэмпIарэ Рустам, Мэш Азэмэт сымэщ. 

                                                                              КЪАНШЫУЕЙ Алим.
 

 

 

 

Поделиться:

Читать также: