ЛIыхъужьыр зыщагъэгъупщэркъым
Террорист щIэпхъаджагъэм хэкIуэда, УФСБ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и подполковник ДзыхьмыщI Магомед и фэеплъу Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди республикэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Шэшэным, Ингушым, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ - Аланием я командэхэр, псори зэхэту цIыхуи 150-м нэблагъэ. Ахэр гупипщIу гуэшауэ щытащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр зэпеуэм къыщахьащ Расулов Умар (кг 80), Бакъей Темболэт (кг 45-рэ), Къанщауэ Рауль (кг 92-рэ) сымэ. Ди щIалэхэм я тренерхэр ПщыукI Артур, Аслъэн Азэмэт, Ажоев Азэмэт сымэщ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр щIыхь тхылъхэмкIэ, медалхэмкIэ, ахъшэ саугъэтхэмкIэ ягъэпажащ. КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться:
Читать также:
13.07.2025 - 14:42 →
Урысей Федерацэм и чемпионатым хэтынущ
13.07.2025 - 10:01 →
Сербием макIуэ
06.07.2025 - 14:24 →
Шэрэдж Ищхъэрэ щыщ чемпион
06.07.2025 - 09:30 →
Дунейпсо зэпеуэм макIуэ
04.07.2025 - 11:36 →
Шыр щагъэунэхур утыкурщ
|