Гугъуехьым зэи дыкъригъэкIуэтакъым

ДЖЫРАНДОКЪУЭ  Михаил:

Мэлыжьыхьым и 20-м и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуащ Плановскэ (Ботэщей) къуажэм къыщалъхуа, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, «И лэжьыгъэфIым папщIэ», «Лэжьыгъэм и ветеран» медалхэр, нэгъуэщI къэрал дамыгъэхэри зыхуагъэфэща Джырандокъуэ Михаил Хьэмзэт и къуэм.

1964 - 1965 гъэхэм урысыбзэмрэ литературэмрэ иригъэджу, завучым и IэнатIэри здихьу ар щылэжьащ Тэрч районым хыхьэ Новэ Хьэмидей къуажэм и курыт еджапIэм. Комсомол лэжьыгъэм къыпэрыкIа нэужь, ар КъБАССР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и щIэныгъэ-методикэ кабинетым и унафэщIу щытащ, къыкIэлъыкIуэу КъБАССР-м и Министрхэм я Советым, «Союзпечать» Къэбэрдей-Балъкъэр агентствэм я унафэщIу, «Роспечать» зэгухьэныгъэм и генеральнэ унафэщIу лэжьащ.
Джырандокъуэр ВЛКСМ-м щыхыхьар 1957 гъэрщ, Ботэщей курыт еджапIэм иджыри щеджэу. НыбжьыщIэхэм щIэныгъэ зэрызрагъэгъуэтым кIэлъыплъу, спортым драгъэхьэхыу, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм колхоз губгъуэ лэжьыгъэм щIалэгъуалэр кърашалIэу - апхуэдэ къалэнхэр жыджэру зыгъэзащIэхэм ар яхэтащ. Курыт школыр 1959 гъэм къиуха нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Михаил щIэтIысхьащ. Илъэсищ хуэдэкIэ еджауэ ар ирагъэблэгъащ комсомолым и обкомым штатым хэмыт и инструктору щытыну. Куэдрэ мыгупсысэу, арэзы хъуащ. Абы гъунэгъуу къицIыхуащ, иужькIэ ныбжьэгъуи къыхуэхъуащ комсомолым и лэжьакIуэфIхэу Къущхьэунэ Алексейрэ Бабин Юрийрэ. Комсомол тхылъыр къратри, Прохладнэ, Май, Тэрч щIыналъэхэр и нэIэ щIагъэуващ.
Зэман кIэщIым къриубыдэу комсомол лэжьыгъэм ар дихьэхыпащ, колхозхэм, IуэхущIапIэхэм, курыт еджапIэхэм щызэхэт щIалэгъуалэ гупхэм щIэх-щIэхыурэ яхыхьэ хъуащ. Тхьэмахуэм къриубыдэу зэфIагъэкIар къапщытэжырт, мазищ къэс комсомол зэгухьэныгъэхэм ялэжьар областым и комитетым ирагъэхьырти, лэжьакIуэ зэгухьэныгъэ нэхъыфIхэр къагъэнаIуэрт, апхуэдэу республикэм цIэрыIуэ щыхъурт.
Гъатхэм пасэу щIадзэрти, Михаил и нэIэ щIэт районхэр и ужь ихьэрт гъэмахуэ пионер лагерхэр къызэгъэпэщыным икIи сыт щыгъуи зыхуей хуэзауэ а къалэным пэлъэщырт.
Джырандокъуэм районхэм щригъэкIуэкIа лэжьыгъэм комсомолым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм гу лъитэри, щIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ я дунейпсо фестивалым, Хельсинки щекIуэкIынум, ягъэкIуэну гупым хигъэхьащ. Ар 1963 гъэм и жэпуэгъуэ мазэрат. Зэхыхьэм жыджэру зыкъызэрыщигъэлъэгъуам папщIэ, ар Чехословакием и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм щIыхь иIэу хагъэхьащ, уеблэмэ абы и япэ секретарым бгъэхэIу дамыгъэр къритащ.
1964 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэр къиухри, IэщIагъэлI ныбжьыщIэр ягъэкIуэжащ и лъахэм щылэжьэну. Тэрч Районом щыкIуам абы къеупщIащ: «Лениным и цIэр зезыхьэ комсомолым ухэт? ЩIалэгъуалэм уадэлэжьэфыну пIэрэ?» - жаIэри. Михаил коммунист партым хыхьэ кандидатым и билетыр щаригъэлъагъум, ягъэщIэгъуащ апхуэдэу щIалэу зэфIэкI зэриIэр. ТхылъымпIэ къабзэ къратри, Новэ Хьэмидей къуажэм и курыт школым завучу щылэжьэну лъэIу итхыну къыжраIащ.
Школым щылажьэ гупым ар щIэх дыдэу яхэсыхьащ. «Школым Iутхэр занщIэу сигу къыдыхьащ. Псом хуэмыдэу сфIэфIу сахэтт махуэм лэжьыгъэ къезыхьэлIэу пщыхьэщхьэм школым къекIуалIэхэм. Ауэ куэдрэ школым сыщылэжьэну къысхуихуакъым. А зэманым Орджоникидзе къалэм дэт мэкъумэш институтым заочнэу сыщеджэрти, экзамен стыну сыздэщытым щIалитI къыIухьэри, партым и Тэрч район къудамэм и пщэрылъкIэ къызэджэу къызжаIащ, - игу къегъэкIыж Михаил. - КъызэрыщIэкIамкIэ, район комитетым къыщызэжьэрт бюром хэтхэмрэ комсомолым и обкомым и япэ секретарь Зумакулов Борисрэ. КъыкIэлъыкIуэ махуэм КъБАССР-м и Тэрч район комитетым и япэ секретарь сыхъуащ».
Япэ махуэм къыщегъэжьауэ Джырандокъуэр гукIи псэкIи бгъэдыхьащ районым и комсомол лэжьыгъэм. 1965 гъэм и мэкъуауэгъуэм ирихьэлIэу комсомол IуэхущIапIэм цIыху мини 3-рэ 817-рэ къызэщIиубыдэрт, кIуэ пэтми абы зиужьырт. ЩIалэгъуалэр я къару емыблэжу лажьэрт. А илъэсым щIалэгъуалэ гуп 24-м нартыхуу гектар 5450-рэ ягъэкIат, щIэпу - гектар 200, нэгъуэщIу гектар 200.
- Къэралым гъэшхэкIыу иращэмкIэ ехъулIэныгъэ къагъэлъагъуэу лажьэрт Орджоникидзем и цIэр зезыхьэ колхозым и щIалэгъуалэ фермэ №1, №2-хэр, «Вагъуэ Плъыжь», «Маяк», «Родина», «Большевик», «Заря коммунизма», «2-я пятилетка» колхозхэр, нэгъуэщIхэри, - игу къегъэкIыж Михаил. - УримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэтэкъым Балъкъэр Тимофей, Тхьэщыгугъ Юрий, Бэлэтокъуэ Николай, Шэрий Алий, Белгъуш Iэбузед, Барсыкъуэ Заудин, Хьэгъур Николай сымэ я комсомол-щIалэгъуалэ звенохэм къагъэлъагъуэ ехъулIэныгъэхэм. Абыхэм къакIэрыхуртэкъым промышленностым щылажьэ щIалэгъуалэри. 1964 гъэм коммунист лэжьыгъэм и ударник цIэ лъагэр фIащат Тэрч налмэс заводым и комсомол IэнатIэм хэт цIыху 59-м.
IуэхущIапIэ псоми къыщызэрагъэпэщат комсомол-щIалэгъуалэ гупхэр, ахэр жыджэру хэтт социалист зэхьэзэхуэхэм. Апхуэдэуи район псом щылажьэрт комсомол дружинэхэр. Гъэмахуэ-бжьыхьэ лъэхъэнэм, жылэ щыхасэмрэ гъавэ щыIуахыжымрэ ирихьэлIэу, абыхэм я лэжьыгъэр щIагъэхуабжьэрт.
ВЛКСМ-м и щIыналъэ комитетым и бюром хэтхэм къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зыхуагъэувыжырт сабийхэм я узыншагъэм кIэлъыгъэплъыныр. Комсомолым и пашэхэм илъэс къэс къызэрагъэпэщырт пионер лагерь пщIы бжыгъэхэр. Сыт и лъэныкъуэкIи ахэр зыхуей хуэгъэзауэ къызэгъэпэщат: ерыскъыкIи, медицинэ IуэхутхьэбзэхэмкIи, Щэнхабзэ IуэхухэмкIи, джэгу-зэпеуэхэмкIи. Еджэгъуэ зэманым школу хъуам Тимур и гупхэм етIысэх яIэтэкъым, къуажэм дэс жьыкIэфэкIэхэм ядэIэпыкъуу. Школ комсомолхэм я комитетхэр хущIэкъурт дэтхэнэми къыщалъхуа лъахэм, къызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр ирагъэщIэну, хэкупсэу къагъэхъуну.
- 1965 гъэм ВЛКСМ-м и махуэшхуэм теухуа пшыхь гукъинэжхэр щекIуэкIащ Хьэмидей, Акъбащ къуажэхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэхэм. Абыхэм ирагъэблэгъат композитор Молэ Владимир, телевиденэмрэ радиомрэ я солистхэу Мэремыкъуэ Хъусен, Сосмакъ Валентинэ, ПщыхьэщIэ Мухьэжыр, Мысостышхуэ Пщызэбий сымэ. Урожайнэ жылэм щекIуэкIа зэхыхьэхэм къуажэдэсыр щыIуагъэщIат тхакIуэ-усакIуэхэу Сокъур Мусэрбий, Журт Биберд, Елгъэр Кашиф, Гъубжокъуэ Лиуан, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, нэгъуэщIхэми, - пещэ Джырандокъуэм. - Апхуэдэ зэхуэсхэм я мыхьэнэуэ щытар гурыIуэгъуэщ, лейуэ укъыщIытеувыIэн щымыIэу. 1960 гъэхэм Комсомолым и Тэрч район комитетым лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIат комсомол хьэгъуэлIыгъуэхэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ. Абы къикIрати, ныбжьыщIэхэр гузэвэн хуейтэкъым я гуфIэгъуэр зэрыдахыну мылъку зэхуэхьэсыным ехьэлIауэ. А къалэныр я пщэ иралъхьэжырт лэжьакIуэ гупхэм (колхозхэм, совхозхэм, IуэхущIапIэхэм). ЗэрышагъащIэхэм хуащIыну тыгъэр ягъэхьэзырырт IуэхущIапIэм и унафэщIым, парт, комсомол зэгухьэныгъэхэм я секретархэм. Арати, лэжьакIуэбэр зэрыщыту зрихьэлIэ хьэгъуэлIыгъуэшхуэхэр екIуэкIырт.
Михаил зэрыжиIэжымкIэ, ВЛКСМ-м и щIыналъэ комитетым и бюром хэтхэр зэлэжь унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщт цIыхухэр, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэр, газетхэм Iэ традзэну къыхуеджэнри.
- Куэдрэ сигу къокIыж колхозхэмрэ совхозхэмрэ я комсомол зэгухьэныгъэхэм я секретархэу Алъкъащ Юрэ, Гъуэныбэ Хьэсэнбий, Газаев Ахъмэт, Дэцырхъуей Мусэрбий, Бэрэгъун Чыланий, Къущхьэ Борис, Журт Мишэ, Къандрокъуэ Хьэжсет, Къуэн Хъаритон, Махъсидэ МуIэед, Махъсидэ Нинэ, Танэ Людмилэ, ШэджыхьэщIэ Александр, Мендэхъу Риммэ, нэгъуэщI куэди узэхъуэпсэн жыджэрагъ яхэлъу сыт хуэдэ лэжьыгъэми зэрыпэрытар, иужькIэ дэтхэнэми къыхуагъэфэщауэ щытащ Тэрч щIыналъэм жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэфIхэр, - жеIэ Джырандокъуэм. - 1968 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм ВЛКСМ-м и Тэрч къудамэм къалэм махуэшхуэ къыщызэригъэпэщат. Уэрам нэхъыщхьэм, Лениным и цIэр зезыхьэм, автомашинэхэр екIуу зэкIэлъхьэужьу кърикIуэрт, абыхэм я ужьым итт я зэфIэкIхэр къэзыгъэнаIуэ тхылъымпIэ зэмыфэгъу инхэр зыIэт цIыхухэри. А дакъикъэм къызбгъэдэта Ащхъуэт Амырхъан цIыху Iув нэжэгужэм куэдрэ яхэплъащ, итIанэ зыкъысхуигъазэри жиIат: «Пэжщ, мис мыпхуэдэ махуэм хуэдэ гуэр плъагъун щхьэкIэ, уи гуащIэ уемыблэжу упсэу хъунущ». Ар къыщIыхэзгъэщращи, комсомол лэжьыгъэм сыщыхэта илъэсхэрщ сэри си гъащIэм и курых хъуауэ къэслъытэр. Гугъуехьым зэи дыкъригъэкIуэтакъым, сыт щыгъуи ипэкIэ дыплъэу щIэблэм я гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэреттыным дыхущIэкъуу», - дыщIегъу нэхъыжьым.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ