НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 24, махуэку

 
Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и махуэщ
Зыужьыныгъэм теухуа хъыбархэр зэбгрегъэхыным и дунейпсо махуэщ
Полиомиелитым пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я гуп щхьэхуэм (Спецназым) и махуэщ
1897 гъэм Урысейм и тхыдэм щыяпэу футболымкIэ зэхьэзэхуэ екIуэкIащ
1893 гъэм къалъхуащ 1921 - 1938 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и унафэщIу щыта, къэрал лэжьакIуэ, политик Къалмыкъ БетIал.
1901 гъэм къалъхуащ адыгей усакIуэ Хьэткъуэ Ахьмэд.
1981 гъэм къалъхуащ адыгей сурэтыщI, Братиславэ, Берлин, Алма-Ата щекIуэкIа дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм щытекIуа ГъукIэпщокъуэ Щауэмыр.
 
Дунейм и щытыкIэнур
 
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 13 - 15, жэщым градуси 8 щыхъунущ.
 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ФIым фIы къешэ.

 
 
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ