МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэ шэрыуэхэр
Нэ илъагъу нэ ещIэж

ЛIы закъуэ дзэ хъуркъым.
Щхьэзакъуэу псори пщIэну, блэжьыну гугъущ; зыр куэдым пэлъэщыркъым.
УкъыщамыщIэм уфащэщ, укъыщацIыхум улъэпкъщ.
УкъыздыщамыцIыхум пщIэ къызэрыщыпхуащIыр уи щыгъынымкIэщ, укъыздыщацIыхум – укъызыхэкIа лъэпкъымкIэщ.
ДаIуэ шхиипэ тоувэ.
Чэнджэщ зылъытэр къызэрымыкIыфын щытыкIэ щыIэкъым.
ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ.
ЦIыхухэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр, езыхэм къалъху, къащIэхъуэ бынхэм яхуэкIуэурэ, зы щIэблэм къикIым адрейм кIуэурэ, хъума мэхъу.
Нэ илъагъу нэ ещIэж.
Нэхъ къызэрагъэсэбэп хабзэр бын гъэсэным ехьэлIауэщ: уэ пщIэуэ илъагъурщ бынми ищIэжынур.
Шэми ес, шхуми ес.
ГуитI-щхьитIщ, зытриубыдэнур ищIэркъым: Iуэхугъуэ зэхуэмыдитIым языхэзри къыхэпхыну щыгугъу щытыкIэм итщ.

ЩАУЭ Къэлидар.

Дэ къытхуатх
Уафэм къехуэха щыгъэ закъуэ

Унагъуэм сабий къахэхъуат. Пщащэ цIыкIу. НэкIу хъурей хужь цIыкIут. Щхьэц фIыцIабзэт. Нэ хъурей пIащэт, удзыфафэ щIэлъадэу. УдимыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым. «Пу мэшалыхь» жумыIэу уеплъыфыртэкъым. Иджы ахэр зэкъуэшитIрэ зэшыпхъуиплIрэ хъухэрт.
А цIыкIур сабий кIэсыжт. Адэм адрей сабий нэхъыжьхэр и куэщI и анэм илъагъуу зэи иригъэтIысхьатэкъым. Ауэ псоми къалъагъуми, къыфIэмыIуэхуу, мы кIэсыжыр абы игъэджэгурт, и куэщI иригъэтIысхьэрт, дридзейрт, къиубыдыжырт. АпщIондэхукIи зэрылъэлъу дыхьэшх сабийм адэр и нэ щхъуэпсхэмкIэ еубзэрабзэрт.
А пщащэм адэм и мызакъуэу, куэд щыгуфIыкIат. Хьэблэри, Iыхьлы-благъэри. Гъунэгъу фызым благъэми Iыхьлыми ялъимыгъэсу цIэ фIэзыщын хуейр езырауэ зыкъилъытэжат. Анэшхуэми адэ-анэми «хьэуэ» къыхагъэкIатэкъым. КъурIэныр зыIэщIэлъ фызым къриIуа цIэр унагъуэм исхэм къабыл ящIат. ЦIэфIэщ джанэри зыщигъэгъупщатэкъым.
Адэми, анэшхуэми, и къуэш-и шыпхъухэми, хьэблэми пщащэ цIыкIур кърахьэкIырти, анэм къыщылъысыжыр быдз щригъэфэнум дежт. Абы щхьэкIэ анэм зыри жиIэртэкъым. ЖиIэнури сытыт?!
А пщащэ цIыкIум и дэлъхухэм е и шыпхъухэм ящыщу дыгъуасэ гущэм хэзыпхар нобэ къыбгъэдагъэхьэжынутэкъым. Чэзур нэгъуэщIым лъысын хуейт. ЗэкъуэшитIым я нэхъыщIэм нэху зэрыщу: «Мы фейцейр сэ нобэ хэспхэ хъуну?» - жиIэу пщэдджыжь къэс щIэупщIэми, дзыхь къыхуащIыртэкъым.
Гъуэгур я зэхуакуу къапэщыс унагъуэм я лIыр лэжьакIуэ къыщикIыжкIэ, накIуэпакIуэу дыхьэрти сабийр я деж къихьырт. «Хьэуэ, уэдгъэхьынукъым, - жаIэу игъащIэкIэ унагъуэм исхэм я бзэгупэ къыпыхуэнутэкъым. Сабий и Iэблэм тесыр къыщыгуфIыкIыу, абы щыгъуэми лIы накъэпакъэшхуэм и нэкIу Iув пхъашэм Iэпэ щабэ цIыкIухэмкIэ щепэщэщкIэ, лIыр гуфIэрт.
Ауэ анэшхуэр… Зыми и пщIыхьэпIэ къыхэхуатэкъым мамэ (арат анэшхуэм къуэрылъхухэр зэреджэр) а хъыджэбз цIыкIум апхуэдизу щыгуфIыкIыну. Зауэри гъаблэри зыгъэва, зи щхьэгъусэр хъыбарыншэу зауэм (мэкъу хьэвэм хэкIуэда мастэм ещхьу) хэкIуэда фызыжьыр нысэм хуэтэмакъкIэщIт. «Сэ къуэщ, тIасэ, сызыхуейр», - жриIэххэурэ, и нысэр аргуэру зы пщащэ цIыкIукIэ къыхуэупсат.
Ауэ а кIэсыж цIыкIур Iыхьэлейм икIауэ абы фIыщэу зэрилъагъур зэрыжиIэн псалъэхэр хузэпыщэртэкъым. Къыгуэудауи щытелъэщIаи щыIэу псалъэ анэшхуэм, и къуэ закъуэ IупскIэ ипIам и кIэсыж пщащэ цIыкIум, сыт щыгъуи жриIэр зыт: «Уафэм къехуэха щыгъэ закъуэ»…

МЭЛЕЙ ФатIимэ.

ГушыIэхэр
ПщIэжрэ?

Зэкъуажэгъу щIалитIым зым адрейм щIыхуэ иритауэ зыкъом лъандэрэ къритыжыртэкъым. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым зэхуэзауэ уэрамым здрикIуэм, и щIыхуэ зэрытелъыр аргуэру игу къигъэкIыжыну укIытэрти, жыжьэу къыщригъэжьащ:
- Хьэбалэ, дауэ къыпщыхъурэ дунейм и щытыкIэр? ТIэкIу щIыIэтыIэщ, пэжкъэ?
- Уэлэхьи, пэжмэ, щIыIэтыIэ сщIэркъыми, уаещ.
- ПщIэжрэ, а щIыхуэ щостам щыгъуэ хуабэ лыгъейуэ зэрыщытар?

Пхъумрэ нысэмрэ

Зэныбжьэгъу цIыхубзитI зэхуэзауэ зэщIоупщIэ:
- Уи хъыджэбзым дауэ къыщыхъурэ унагъуэщIэр? Яхэзагъэрэ?
- ФIы дыдэу яхозагъэ, псори игу ирохь. Хуеймэ, шубэ къыхуащэху, хуеймэ, зыгъэпсэхуакIуэ ягъакIуэ…
- Уэ уи нысэ цIыкIур сыт хуэдэ?
- Си нысэр щIэщыгъуэщIщи, гугъу дрегъэхь. Зэм шубэ къыхуэтщэхун хуейуэ къытхуегъэув, зэм зыплъыхьакIуэ хамэ къэралхэм къыщикIухьыну къытохьэ…

Ар пэжщ
ЕджэкIэми куэд елъытащ

♦Горький Максим зы дакъикъэм псалъэ миниплI къеджэфырт.
♦Сталин зы махуэм напэкIуэцI 400 щIиджыкIырт, икIи ар нэхъ мащIэ дыдэу зэджэрауэ жиIэрт.
♦Эдисон Томас сатыритI-щым занщIэу къеджэрт. Ар апхуэдизкIэ гурыхуэти, зэджэр напэкIуэцI зырызу зригъащIэм хуэдэт.
♦ПсынщIэу тхылъ ущеджэкIэ нэхэр нэхъ мащIэущ зэрезэшыр, хуэму ущеджэм нэхърэ. ЦIыхухэм я проценти 5,95-р хуэм дыдэущ тхылъ зэреджэр – зы дакъикъэм псалъи 180 - 220-рэ къеджэфу аращ (зы напэкIуэцIыр дакъикъэ 1,5 - 2-м щIаджыкI).
♦УмыпIащIэу текстым укъеджэмэ, къыбгурыIуэр процент 60-щ, псынщIэу укъеджэмэ, процент 80-м нэс къыбгуроIуэ.
♦Бальзак Оноре романхэр щыщIиджыкIым деж сыхьэт ныкъуэм напэкIуэцI 200-р зригъэтIылъэкIырт.
♦Гаон Элияу зэджа тхылъхэм ящыщу 2500-р зы псалъэ зэмыхъуэкIауэ гукIэ къыбжиIэжыфырт.
♦Рубакин Николай тхылъ мин 250-рэ щIиджыкIащ.
♦Наполеон зы дакъикъэм псалъэ минитI къеджэфырт.

КЪЭБАРТ  Мирэ.

ГъэщIэгъуэнщ
ЦIыху къызэрымыкIуэхэр

Грин Хетти (1834 - 1916). Мы цIыхубзым нэхърэ нэхъ быдэ дунейм къытехьауэ къыщIэкIынкъым. И быдагъымрэ IуэхукIэ зэрынабдзэгубдзаплъэмрэ беягъышхуэ къыхуахьащ, икIи дунейм щынэхъ къулей бзылъхугъэу къалъытащ. Ахъшэ куэд дыдэ зэриIэм хуэдэу, и мылъкур апхуэдизкIэ зэригъэзахуэрти, зыцIыху псоми яфIэтелъыджэт. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Хетти сытым дежи щыгъыу щытар зы бостей фIыцIэ цIыкIущ, доллар ныкъуэ зи уасэ хьэлывэ фIэкIа ишхыртэкъым, псы пщтыр зэи къигъэсэбэпыртэкъым.
Щылажьэр банкым и пэIущIэ пэшышхуэрат, тхылъымпIэ зэрылъа коробкэхэмкIэ къэгъэтIылъыхьауэ - ар бэджэнд уасэ имытын щхьэкIэт. Хетти и псэупIэр сытым дежи ихъуэжырт, нэхъ пуду къыкъуэкI мотелым щIэтIысхьэрти, нэгъуэщI къыкъуэкIыху щIэсу арат. Ари налог IуэхущIапIэм гу зылъримыгъэтэн щхьэкIэт. И къуэм и лъакъуэр щикъутам, къамыцIыхужын хуэдэу зихуапэри, жылагъуэ сымаджэщым ишат, ахъшэ щIимытын щхьэкIэ. АрщхьэкIэ, къэзылъэгъуахэм къацIыхужати, гужьейри къыщIэжыжауэ щытащ, и къуэ сымаджэр къигъанэри. Абы тригъэкIуэдэну мылъкум щысхьри, и кIэм нэсу дохутыр къригъэIэзатэкъыми, щIалэм и лъакъуэр пахын хуей хъуащ. Езы дыдэри сымаджэ щыхъуам, операцэм доллари 150-рэ ихьынути, дохутырыр зригъэIусауэ щытакъым. А лъэхъэнэм къриубыдэу абы доллар мелардитI иIэт. Абы иужькIэ зыбжанэрэ инфаркт иIащ, иужьрейм илIыкIащ и ныбжьыр илъэс 81-рэ хъууэ.

* * *

Спунер Вильям (1844 - 1930). Мыр езыр цIыху гуапэт, ауэ и цIэр тхыдэм къыщIыхэнар бзэщIэныгъэм щигъэлъэгъуа Iуэхугъуэ къызэрымыкIуэрщ. Уеблэмэ абы «спунеризм» фIащащ. Сыт абы къикIыр? Вильям щыпсалъэкIэ хьэрфхэр, пычыгъуэхэр, уеблэмэ псалъэхэр щызэблигъэувыкI щыIэт. Псалъэм папщIэ, «Водрый дечер» жиIэфынут «Добрый вечер»-м и пIэкIэ.
Абы нэхъ хьэлэмэту хэлъыр Спунер Оксфорд университетым и профессору зэрыщытырт, цIыху куэдым зэрахуэзэрт, щIалэгъуалэм лекцэ къазэрыхуеджэрт. Абы иригъэкIуэкI лекцэхэм цIыху куэд къыщызэхуэсырт и щыуагъэхэм кIэлъыплъын щхьэкIэ.
Профессорыр утыку ихьэну, журналистхэм яхуэзэну фIэфIтэкъым, и ныбжьыр хэкIуэта нэужьщ интервью зыбжанэ щитар.

ДОХЪУШОКЪУЭ  Синэ.

Хъыбар
ФIы пщIам къегъэзэж

Шотланд фермер гуэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм унэм кIуэжу, шэд щыкуэд щIыпIэ блэкIырт. Абы хэту лIым кIий макъ гуэр зэхихащ. АбыкIэ зигъазэрэ плъэмэ - щIалэ цIыкIу гуэр шэдым хэхуауэ щIелъафэ. ЩIалэ цIыкIур къызэрыхэпщыжын Iэмал гуэрхэр къилъыхъуэрт, ауэ и Iэпкълъэпкъыр зыщIэзышэ шэдым ауи пэлъэщыртэкъым. Ар и макъ къызэрихькIэ кIийрт, гужьеигъуэмрэ гузэвэгъуэмрэ хэхуауэ.
Фермерым зы жыг къудамэшхуэ псынщIэу къыпиупщIри, щIалэ цIыкIум хуишиящ. Ар иубыдри, щIалэр тафэм къытехутэжащ. Куэдрэ и нэпсыр гъущакъым щIалэ цIыкIум, кIэзызу зыкъомрэ щыса нэужь, къызэрырагъэлам и гур къызэригъэгъуэтыжащ.
- НакIуэ ди деж, - жиIащ фермерым. – Уэ зыбгъэгъущыжын, зыбгъэпсэхужын хуейщ.
- Хьэуэ-хьэуэ, - игъэкIэрэхъуащ щIалэ цIыкIум и щхьэр, - сэ си адэр къызожьэ. Ар пIейтейуэ щыс къыщIэкIынщ иджыри къэс сызэрымыкIуэжам щхьэкIэ.
Къезыгъэла лIым и нэм гуапэу щIэплъэри, щIалэ цIыкIур щIэпхъуэжащ…
Пщэдджыжьым, фермерыр щхьэгъубжэм щыдэплъым, шыгу зэщIэщIа гъэщIэрэщIар и куэбжэпэм къызэрыIухьар елъагъу, абы зы цIыхухъу хуэкъулейуэ хуэпауэ къиувыкIащ.
- Уэра дыгъуасэ си къуэр къезыгъэлар?
- Сэращ, - жиIащ бысымым.
- Дапщэ-тIэ уэстыжын хуейр?
- Си жагъуэ къыумыщI, ныбжьэгъу. Сэ ямылей лъэпкъ сщIакъым, дэтхэнэ зы цIыхуми ищIэнут ар, а дакъикъэм абдеж къыщыхутамэ.
- Хьэуэ, ар апхуэдэу къысхуэгъэнэнукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си къуэр си дежкIэ лъапIэщ. Ахъшэ дапщэ ухуейми уэстынущ, - тригъэчыныхьырт лIым.
- А Iуэхум афIэкIа сытепсэлъыхьыну сыхуейкъым. Узыншэу ущыт! – фермерыр дыхьэжыну зыщигъэкIэрахъуэм и къуэ цIыкIур къыдэжащ.
- Мыр уи къуэ?
- НтIэ, - итащ жэуап фермерым.
- Абы щыгъуэм мыпхуэдэу дыгъэщI! Сэ уи къуэр си гъусэу Лондон здэсшэнщи, и пщIэр есту езгъэджэнщ. И адэм ещхьу цIыху зэпIэзэрыту къыщIэкIмэ, уэри сэри тщIахэм дыхущIегъуэжынкъым.
Зэман дэкIащ. Фермерым и къуэм школыр къиухащ, иужькIэ МедицинэмкIэ университетым щеджащ. Куэд дэмыкIыу абы и цIэр дуней псом къыщацIыхуащ, пенициллин хущхъуэр зэхилъхьэри. Флеминг Александрт абы и цIэр.
Зауэм щIидзэн и пэ къихуэу Лондон дэт сымаджэщ нэхъ бей дыдэхэм ящыщ зым щIэхуащ а лIы къулейм и къуэр, и тхьэмбылхэм щIыIэ хыхьарэ хьэлъэ дыдэу. Сыт ар аргуэру ажалым къезыгъэлар? Флеминг Александр зэхилъхьа пенициллинырщ.
Флеминг щIэныгъэ зригъэгъуэтынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуа лIыр хэт жыфIэмэ, Черчилль Рандольфщ. Абы и къуэм зэреджэр Черчилль Уинстонщ, иужькIэ Инджылызым и премьер-министр хъуауэ щытащ. Уинстон жиIауэ щытащ: «Зэгуэр фIы пщIамэ, Iэмал имыIэу уи деж къигъэзэжынущ».

ЗэзыдзэкIар  ШЫПШ  Даянэщ.

Сабий джэгукIэхэр
Хашэ

Пшапэр зэхэуауэ щIалэ цIыкIухэр джэгуу щытащ. Бгъу-пщIы нэхърэ нэхъ мащIэмэ, гъэщIэгъуэн хъуркъым. Джэгухэм зы шыдыгъу, зы шуупэ шу, шуукIэ шу, зы хашэ хах. Мыдрейхэр псори пхъэрщ. Ахэр гъуэм деж къыщызэхонэри модрейхэр IуокI, къуэгъэнапIэ зэрыхъуу шуупэ шуми, шуукIэ шуми, шыдыгъуми загъэпщкIу, хуейхэмэ, зэгъусэу, хуэмейхэмэ, зырызу. Ахэр здэкIуари зыщагъэпщкIуари хашэм ещIэ.
Абы пхъэрхэм я деж къегъэзэжри яжреIэ зызыгъэпщкIуахэр дауэ къагъуэтынуми. Иныкъуэм деж пцIы яхуиупсу, иныкъуэм деж, хуейуэ щытмэ, пэж яжриIэу. Ауэ пхъэрхэр нэхъыбэрэ игъэлъыхъуэн щхьэкIэ, япэщIыкIэ жиIэркъым зызыгъэпщкIуахэр здэщыIэр. Ар зыщIэ пхъэрхэр гъуэм теплъэкъукIыркъым. Гъуэр зыми имыхъумэ щхьэкIэ, пхъэрыр IукIауэ зызыгъэпщкIуахэр япэ къежэлIэжмэ, псори зэрыщытам ещхьу аргуэру къыщIадзэжынущ. Ар пхъэрхэм я дежкIэ зэ хэнэгъуэу къалъытэ.
Сытми, зэрылъыхъуар ирикъуну къилъытэмэ, хашэм пхъэрым ящыщ зыгуэрхэм яжреIэ шыдыгъур дэнэ щыIэми, мыдрейхэм дэнэ зыщагъэпщкIуами.
Ар зэриIуэтамкIэ хашэм хъыбар ярегъащIэ зызыгъэпщкIуахэми: е хьэм хуэдэу мэкъугъ, е мэфий, е кIуркIунаум ещхьу маджэ - зэрызэгурыIуэщ. Абы щыгъуэми шыдыгъури мыдрейхэри здэщысым деж, пхъэрым щрамыхужьамэ, IукIыну хуиткъым, хэткъым. Ар и пIэм щамыгъуэтамэ, хашэр йогуо: уздэщысын хуеям ущагъуэтакъым, къыкъуэкIыж. Ещхьыркъабзэщ мыдрейхэри.
Ауэ шыдыгъур и пIэм ирахуа и ужькIэ зафIигъэпщкIужрэ ямыгъуэтыжмэ, етIуанэ джэгугъуэм деж ар шыдыгъуу къытонэж. Абы зыщигъэпщкIур «мес шыдыгъур», жаIэу къалъэгъуауэ, арщхьэкIэ езыр пхъэрым япэ гъуэм нэмысыжыну есэп щищIым дежщ. Шуупэ шуми, шуукIэ шуми апхуэдэу загъэпщкIуж хъунукъым. Ахэр гъуэм къызэрысыжынум и ужь иту аращ. Пхъэрым япэ къищу къэсыжар зэрыщытауэ къонэж, арыншамэ, нэгъуэщI абы я пIэкIэ хахри, ахэр пхъэру къонэ.
Шыдыгъу зызыгъэпщкIужар къыщалъыхъуэкIэ, пхъэрым хашэри хохьэ, ауэ абы иджы ищIэркъым шыдыгъур здэщыIэр. Апхуэдэу ямыгъуэту еджэрэ къашэжмэ, ар шыдыгъуу къонэж.

МАФIЭДЗ  Сэрэбий.

Фэ фщIэрэ?
Пащтыхьыгъуэм и хъуреягъкIэ

Ижь зэманым къызэрыгуэкI цIыху куэдым властыр зыIэрагъэхьэфащ, пащтыхьхэм ныбжьэгъу пэж зыхуащIурэ. Ауэ къыщыхъу щыIэт я ныбжьэгъум и ней къащыхуамэ, щIэх дыдэу къыщекIуэтэхыж е лIа нэужьи пщIэшхуэ щыхуащI.

Ныбжьэгъугъэм и дамыгъэ

Аменхотеп Хапу и къуэр зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ къэрал къулыкъущIэт. Мысырым и фараон Аменхотеп III (ди эрэм и пэкIэ 1411 - 1375 гъ.гъ.) и пащтыхьыгъуэм псынщIэ дыдэу къулыкъу щызыIэрызыгъэхьахэм ящыщщ ар. Фараоным къызэрымыкIуэ саугъэт лъапIэ куэд хуищIащ и япэ министрым, уеблэмэ, Карнак члисэм абы и статуе щригъэгъэуващ. Тхьэ пэлъытэу ябж пащтыхьым елъэIуну члисэм кIуэхэм япэщIыкIэ министрым и статуем зыхуагъазэрт.
Министр Аменхотеп дунейм ехыжа нэужь, мысыр фараонхэм фIэкIа хуамыгъэув кхъэлэгъунэхэм хуэдэ хуищIауэ щытащ пащтыхьым.

* * *

Инджылыз пащтыхь гуащэ Аннэ (1665 - 1714) хуабжьу ныбжьэгъу пэж хуэхъуат и фрейлинэ Дженнингс Сарэ. Ахэр зэрыцIыкIурэ зэныбжьэгъуу къызэдэхъуат. Аннэ и блыгущIэт пщащэм хуидэрт миссис МорликIэ къеджэу.
Сарэ пащтыхь гуащэм зэриныбжьэгъур къигъэсэбэпри, абы и щхьэгъусэ герцог Мальборэ политикэ къулыкъуфIхэр зыIэригъэхьащ.
Ауэ зэман дэкIри, Сарэ и Iуэхухэр зэIыхьащ. Пащтыхь гуащэм игу иримыхь хьэл гуэрхэр къыщызыкъуихым, а тIур зэфIэнащ. ИкIэм-икIэжым, Аннэ блыгущIэт пщащэ ищIар хьэл нэхъ зэпIэзэрыт, нэхъ щэху зиIэ Маршэм Абигайлщ. Езы Сарэ пащтыхьыгъуэм къыдахужри, къэралри ирагъэбгынауэ щытащ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ