Къэрали 103-рэ мэлъаIуэ щIыхуэ къратыну
Мылъку щIэлъэIуу Дунейпсо валютэ фондым иджыблагъэ зыхуагъэзащ къэрали 103-м.
«Абыхэм я зэхуэдитIым мы мазэм и кIэ пщIондэ дыхэплъэну тхузэфIэкIыну аращ, - жиIащ МВФ-м и унафэщI-гъэзэщIакIуэ Георгиевэ Кристалинэ. - Мы гъэм къэрали 170-рэ Iууэнущ я цIыхухэм я хэхъуэхэр ехуэхыным».
Мазэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, щытыкIэр нэгъуэщIт - къэрали 160-м я хэхъуэхэр дэкIуеину къилъытат фондым. COVID-19 узыфэм зиубгъуу зэрыхуежьэу къэрал куэдым я правительствэхэм мылъкушхуэ халъхьащ абы пэщIэтыным - иджыпстукIэ абы хуаутIыпщауэ къагъэлъагъуэ доллар триллионий.
Нэхъ хуэмыщIа къэралхэр мы щытыкIэм къишыным МВФ-м доллар триллион хухихыну хьэзыру жиIауэ щытащ Георгиевэм гъатхэпэм и пэщIэдзэм. Иджы зи Iуэхур хэплъэгъуэ къэралхэм ящыщу япэ ирагъэщу зыдэIэпыкъунухэр яубзыхун хуейуэ къапэщытщ.
МэжэщIалIагъэм
иубыдынкIэ шынагъуэщ
Дунейм и къэрал куэдым щыпсэухэр мэжэщIалIагъэм зэщIищтэнкIэ шынагъуэщ, ерыскъыпхъэкIэ цIыхухэр къызэгъэпэщыным иджыпсту къыщыщIэдзауэ хуэфащэ гулъытэ хуамыщIмэ. Апхуэдэ шынагъуэ зэрыщыIэм щыхьэт техъуащ ООН-м Къэралхэр ерыскъыпхъэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и программэм и унафэщI Бизли Дэвид, ШынагъуэншагъэмкIэ Советым и зэIущIэм мэлыжьыхьым и 21-м къыщыщыпсалъэу.
«ЦIыху куэд мэжэщIалIагъэм иубыдакъым зэкIэ, ауэ бэр ерыскъыпхъэкIэ къызэгъэпэщыным икIэщIыпIэкIэ яужь ихьэн хуейщ, абы хуэунэтIа Iуэхухэр зэблэмыууэ къызэгъэпэщыпхъэщ. А Iуэхур иджыпсту Iэпэдэгъэлэл ящIмэ, мазэ бжыгъэ дэкIа нэужь пхуэмыгъэзэкIуэжын гузэвэгъуэ къэхъункIэ хъунущ», - жиIащ Бизли.
Япэрауэ, ерыскъыкIэ гузэвэгъуэ къатехьэнущ зауэ щекIуэкI къэралхэм щыпсэухэм. Арыншами, мы зэманым я ныбэ изу мышхэхэр, зыхуей зымыгъуэтхэр щыкуэдыкIейщ дунейм - ерыскъы зэрыхущыщIэм махуэ къэс гугъу ирегъэхь цIыху мелуан 821-рэ, мелуани 135-рэ мэжэщIалIагъэм хэхуэнкIэ зэрыхъунум йогупсыс. Пандемием и зэранкIэ ныбэ гузэвэгъуэ мы гъэм ягъэунэхун хуей хъунущ цIыху мелуани 130-м.
«ЩытыкIэр нэхъри екIакIуэмэ, къэрал 30-м я цIыхухэр гузэвэгъуэ хэхуэнущ», - жиIащ Билзи Дэвид икIи щIигъужащ абыхэм ящыщу къэралипщIым я цIыхухэм ирикъуу яшхын иджыпстуи зэрамыгъуэтыр. Мы зэманым щыIэ щытыкIэм теухуауэ абы жиIащ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм лъандэрэ иджы хуэдэ кризис ерыскъы щхьэкIэ къэралхэр зэрыхэмыхуар.
«Зи чэзу Iуэхухэм иджыпсту яужь димыхьэмэ, махуэ къэс цIыху мин щищ мэжэщIалIагъэм зэрихьыр ди нэгу щIэкIынкIэ шынагъуэ щыIэщ. Аращ ООН-м дуней псор къыщIыхуриджэр апхуэдэ къэмыхъун щхьэкIэ дэтхэнэ зыми елъыта къимыгъэнэну. Апхуэдэ насыпыншагъэм хиубыдэнкIэ хъунущ зауэ щекIуэкI хэкухэр, къимыдэкIэ, экономикэ кризисыр нэхъ зытегуплIэ къэралхэр, дунейр нэхъ хуабэ зэрыхъум и зэран зэкIхэри яхэту. Апхуэдэхэщ Йеменыр, Конгэр, Афганистаныр, Венесуэлэр, Эфиопиер, Ипщэ Суданыр, Суданыр, Сириер, Нигериер, Гаитир», - жиIащ Бизли.
Нобэ
♦ЩIалэгъуалэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ
♦Дипломатием и дунейпсо махуэщ
♦Къуэш зэрыщIа къалэхэм я дунейпсо махуэщ
♦Лабораторэхэм къыщагъэсэбэп псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
♦США-м щагъэлъапIэ жыг хэсэным и махуэр
♦Ермэлы лъэпкъым залымыгъэ щыкIэлъызэрахьам хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1925 гъэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэм щызэтраукIащ ермэлы лъэпкъым щыщ куэд. Абыхэм илъэс зыбжанэкIэ леишхуэ къащытехьащ Тыркум.
♦1671 гъэм пащтыхьым и дзэлIхэм яубыдащ 1670 - 1671 гъэхэм екIуэкIа МэкъумэшыщIэ зауэм и Iэтащхьэу щыта Разин Степан икIи мыгувэу ар яукIащ.
♦1800 гъэм США-м и президент Адамс Джон Конгрессым и библиотекэр къызэригъэпэщащ, тхылъхэр къэщэхуным доллар минитху хухихри.
♦1803 гъэм Урысейм и император Александр Езанэм Iэ щIидзащ Кавказым и Минеральнэ псыхэм ятеухуа унафэм. Абы щыубзыхуат псы хущхъуэхэм къэралым и цIыхухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэри, ахэр нэсу къэгъэсэбэпа хъун папщIэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщынри.
♦1833 гъэм газ зыхэт псыр къызэрагупсысам теухуа тхылъ ятащ. Ар къэзыгупсысар Инджылызым щыщ Пристли Джозефт.
♦1944 гъэм къызэIуахащ ещанэ Белорус фронтыр.
♦1899 гъэм гъэм къалъхуащ Адыгэхэм я къекIуэкIыкIар зыджа, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIущ Екатеринэ.
♦1930 гъэм къалъхуащ совет социолог, политолог цIэрыIуэ Левадэ Юрий.
♦1942 гъэм къалъхуащ США-м щыщ уэрэджыIакIуэ, актрисэ цIэрыIуэ, композитор Стрейзанд Барбарэ.
♦1958 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-ми Ингуш Республикэми щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ.
♦1982 гъэм къалъхуащ урысей гимнасткэ, дунейми Европэми я чемпионкэ, Алыджым и къалащхьэ Афинхэм 2004 гъэм щекIуэкIа гъэмахуэ Олимп Джэгухэм дыжьын медаль къыщызыхьа Чащинэ Иринэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 14 - 15, жэщым градуси 4 - 5 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ГъунэгъуфI къуэшыфI палъэщ.