ПщIэ хуащI икIи хуосакъ![]() ЩIыуэпс «МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъ» («March for Parks») зыфIаща гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэр ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 200-м щIигъум мэлыжьыхьым и 18-м щегъэжьауэ и 22 пщIондэ щрагъэкIуэкI. Ахэр хуэгъэзащ жылагъуэм, властым, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ЩIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм (ООПТ-хэм) хуащI гулъытэм хегъэгъэхъуэным, къытщIэхъуэ щIэблэр дыкъэзыухъуреихь дунейм и беигъэхэм пщIэ хуащIрэ хуэсакъыу гъэсэным. «МэзгъэфIэнхэм я лъэмакъ» зыфIаща зэхыхьэ 1990 гъэм япэ дыдэу США-м щрагъэкIуэкIащ. ИужькIэ, 1995 гъэм, «Лъэпкъ паркхэмрэ мэзкъуэдыхэмрэ» я махуэхэри къэунэхуащ. Ахэр Урысей Федерацэм «къыщысар» 1996 гъэращ, «ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсыр хъумэнымкIэ центр» псапащIэ фондым и жэрдэмкIэ.
Поделиться:
Читать также:
18.09.2026 - 12:56 →
ГъащIэ щызыгъэIэ
18.05.2026 - 14:00 →
Iуэху цIыкIуфэкIукъым
27.03.2026 - 14:47 →
Жыг къэбгъэуа - абы и пIэ нэгъуэщI хэсэ
26.03.2026 - 15:54 →
ТкIуаткIуэ телъыджэу псэхэлъхьэж
16.03.2026 - 15:02 →
Псыежэххэр
| ||





