Жэпуэгъуэм и 29, гъубж
Инсультым пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Комсомолыр къыщызэрагъэпэща махуэщ
1943 гъэм Налшык ФЗО школ къыщызэIуахащ.
1930 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-мрэ АР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Пэнэф Сэфар.
1934 гъэм къалъхуащ юрист, тхакIуэ Сэрахъэ Александр.
1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Балъкъэр Тамарэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 12 – 14, жэщым градуси 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Пащтыхьым и псэупIэр илъагъури,
и унэжь тIэкIур игъэсыжащ, жи.