НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 30, бэрэжьей

♦Политикэ щхьэусыгъуэкIэ зэхэзехуэн зэращIам и зэранкIэ хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ

♦Урысейм и дзэ-тенджыз флотым и махуэщ

♦Урысейм щагъэлъапIэ инженер-механикхэм я махуэр

♦1711 гъэм Къэбэрдей шууейхэм Мурад-СулътIан зи пашэ шуудзэр хагъэщIат.

♦1927 гъэм къалъхуащ Мысырым и дзэ къулыкъущIэ, Штаб нэхъыщхьэм и унафэщIу, къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта Февзи (Хьэхъу) Мухьэмэд.

♦1938 гъэм къалъхуащ кхъухьлъатэзехуэ, Иорданием и ЛIыхъужь Шурдым Ихьсан.

♦1957 гъэм къалъхуащ сурэтыщI живописец, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Акъсырэ Михаил.

♦1972 гъэм къалъхуащ коллекционер, публицист Тхьэкъуахъуэ Iэуес.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 – 14, жэщым   градуси 4 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Делэм ущытхъум пагэ мэхъу.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

12.05.2025 - 16:00 НОБЭ
07.05.2025 - 12:04 НОБЭ
06.05.2025 - 09:27 НОБЭ
05.05.2025 - 15:55 НОБЭ